Хьэбэз районым хыхьэ Беслъэней къуажэм къыщалъхуа ЛӀЫМАХУ Азэмэт 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м езыр арэзыуэ СВО-р здекӀуэкӀ щӀыпӀэм кӀуауэ лӀыгъэ хэлъу хэкур ехъумэ. Абдеж абы зыкъыщигъэлъэгъуащ зауэлӀ хахуэу, Ӏэзэу, ныбжьэгъу пэжу, дзыхь зыхуэпщӀ хъун щӀалэу. Ар зауэм зэрыщымышынэр, псэемыблэжу и зауэлӀ пщэрылъхэр зэрырихьэкӀыр, и къалэным зэрыхуэпэжыр къыхалъытэри, нагъыщэ лъапӀэхэмкӀэ и цӀэр къраӀуащ.
Апхуэдэу, ди лъэпкъэгъум къыхуагъэфэщащ Жуковымрэ Суворовымрэ я медалхэр, СВО-м хэтахэм я медалыр. «Зауэ операцэ хэхар здекӀуэкӀ щӀыпӀэм си къуажэгъухэм пщӀэрэ щӀыхьрэ яхэлъу ди къэралым и сэбэп зыхэлъ Ӏуэхухэр щызэрахьэу, сэ лъэныкъуэкӀэ сыщытыну си напэ къысхуегъэкӀуакъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, дэтхэнэ зы цӀыхухъуми и къалэнщ къэралыр, унагъуэр, сабийхэр хъумэныр!» — жиӀащ зауэлӀым.
Нобэ ЛӀымаху Азэмэт Урысейм зыхъумэжыныгъэмкӀэ и Министерствэм контракт дищӀауэ, къулыкъур ирехьэкӀ. Абы и зауэлӀ ныбжьэгъухэм къыхагъэщ ди хэкуэгъум и лӀыгъэр, хэлъ гущӀэгъур, и гуапагъэр. Беслъэнейдэсхэми къуажэ администрацэми фӀыщӀэ хуащӀ ЛӀымаху Азэмэт ди къэралым и хьэлэмэтхэм къыщхьэщыжу, щыпкъэу къулыкъу зэрырихьэкӀым папщӀэ икӀи текӀуэныгъэр и Ӏэрылъхьэу, узыншэу и унагъуэм къахыхьэжыну поплъэ. ЗауэлӀ хахуэ ЛӀымаху Азэмэт и щапхъэм тету Хэкум и хъумакӀуэу дэтхэнэри фыкъэувыфынущ.
Фигу къэдгъэкӀыжынщи, УФ-м зыхъумэжыныгъэмкӀэ и Министерствэм Къэрэшей-Черкесым щыщу зэгурыӀуэныгъэ дэзыщӀэм, хэгъуэгу ахъшэу зэ тыгъуэу сом мелуан 1900-м нэс ират, федеральнэ ахъшэри къыхэплъытэжмэ, ар сом мелуани 2 300-м нэсынущ. КъЧР-м контрактыр щызыщӀа дзэ къулыкъущӀэхэм илъэсым сом 5000000 къаӀэрыхьэнущ.
УЭЗАЕ Маринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.