Ди гуапэ дыдэу дывохъуэхъу къихьэну 2026 ИлъэсыщӀэмкӀэ!

ХЪУЭХЪУХЭР

Мы махуэщӀ махуэхэм псори гукъыдэж щхьэхуэм дызэкъуегъэувэ, къэкӀуэнум, къэхъукъащӀэ нэхухэм, ӀуэхуфӀхэм гугъэфӀкӀэ дыпэплъэу апхуэдэ щытыкӀэм дитщ. ГугъуехькӀи, лэжьыгъэкӀи, ехъулӀэныгъэкӀи, гузэвэгъуэкӀи, гуфӀэгъуэкӀи гъэнщӀа илъэспсо къызэднэкӀащ.

 Мы илъэсым ӀуэхуфӀу илэжьам дэтхэнэ зыми гъэ къихьэм и гуащӀэ къыхуихьыж. КъызэднэкӀ илъэсыр дэркӀэ мыхьэнэшхуэ иӀэу щытащ. Псори дызэгъусэу, зэрыкъэралу дгъэлъэпӀащ дэтхэнэ зыми и гум нэс ТекӀуэныгъэ Иным и Илъэс 80 махуэшхуэр.

Ди Лъэпкъ УнафэщӀым, ди къэралым и Президент Путин Владимир къыхилъхьа Хэкум и хъумакӀуэм и Илъэсым дыгушхуэу дигу къэдгъэкӀыжащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм ди хэкуэгъухэм зэрахьа лӀыхъужьыгъэхэр, я гугъу тщӀащ фашизмэм текӀуэныгъэр къыфӀэхьыным ехьэлӀауэ псоми хьэлъхьэныгъэ тщӀам, ди къэралым и щхьэхуитыныгъэр и тхыдэ псом къриубыдэу зыхъума ди лӀыхъужьхэм. Ину щхьэщэ фхудощӀ ди ЛӀыхъужьхэм!

2025 гъэр пщэрылъ зэхуэмыдэхэмкӀэ гъэнщӀауэ щытащ, абыхэм я нэхъыбэр ехъулӀэныгъэ иӀэу зэфӀэдгъэкӀащ. Гъуэгухэр, еджапӀэхэр, сымаджэщхэр, спорт, щэнхабзэ псэупӀэхэр зэтедгъэпсыхьэжащ, дгъэщӀэрэщӀэжащ, мэкъумэш хъызмэтымрэ туризмэмрэ зайдгъэужьащ, федеральнэ лъэпкъ, инвестпроектхэр, хэгъуэгу программэхэр дгъэзэщӀащ. Хэгъуэгум къыхилъхьа демографие хэхъуэм, сабий къэхъуныгъэм, гъащӀэ кӀыхьым и Илъэсым нану зэрыс унагъуэхэм, щӀалэгъуалэм, быныбэхэм ядэӀэпыкъуным гулъытэ хэха хуэтщӀащ.

 Дэ зэкӀэлъыкӀуэу, илъэс къэс унагъуэхэм ирагъэгъуэт федеральнэ, республикэ гулъытэхэр зыхащӀэн папщӀэ, дэӀэпыкъуныгъэ Ӏэмалхэм я бэзым зыдогъэубгъу. Пэжщ, пэрытхэм ящыщщ икӀи апхуэдэум къонэж зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ сыт и лъэныкъуэкӀи защӀэгъэкъуэныр. Нобэ дэ псом япэу фӀыщӀэ псалъэхэр зыжетӀэр ди зауэлӀхэращ. Иджыпсту фэ унэм фыпэӀэщӀэщ, махуэшхуэр зэуапӀэхэм къыщывогъыхьэ. Ауэ фщӀэ, мыбдеж, Къэрэшей-Черкесым, щӀыбагъ быдэ зэрыщывиӀэр, дакъикъэ къэс дызэрывэгупсысыр, фронтым деж зыфщӀэдгъэкъуэным, фи унагъуэхэр зыхуэныкъуэ псори яӀэрыгъэхьэным хуэунэтӀауэ псори зэрытщӀэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, фронтым хэкӀуэдэныгъэхэр щымыӀэу хъукъым. Хэкум и шынагъуэншагъэм папщӀэ зи гъащӀэр зыта зауэлӀхэм я фэеплъыр сыт щыгъуи ди гум, ди щӀэблэхэм я гум щыпсэунущ. Ди хэкуэгъу лъапӀэхэ! Къихьэну илъэсым дэ, сыт щыгъуи хуэдэу, псори зэгъусэу, лъэбакъуэ-лъэбакъуэкӀэ Къэрэшей-Черкесыр щыӀэкӀэ-псэукӀэ зэгъэпэща, зызыужь хэгъуэгу нэхъри хъунымкӀэ тлъэкӀ къэдгъэнэнукъым, ди зэхуэдэ унэр – Урысейр нэхъри егъэфӀэкӀуэным хуэгъэзауэ ди къару дыщысхьыжынукъым. ИкӀи ди мурад псори къыддэхъунущ, сыт щыгъуи хуэдэу, дызэкъуэтмэ. АтӀэ, ди зэкъуэтыныгъэращ ди къарум и лъабжьэр, зыужьыныгъэр къызэзыгъэпэщыр. Зэгъусэу дызэдэлажьэмэ, ди мурад псори къыдэхъулIэнущ! ИкӀи ТекӀуэныгъэр нэхъ гъунэгъу щӀыным ехьэлӀауэ тлъэкӀ къэдгъэнэнукъым! Дывохъуэхъу насып, узыншагъэ, фӀыгъуэ фыщымыщӀэну, фи къыщӀэдзэныгъэ гуапэхэм ехъулӀэныгъэ щывиӀэну!

ТЕМРЕЗОВ Рэшид, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Ӏэтащхьэ ИВАНОВ Александр, Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦӀыхубэ ЗэӀущӀэм (Парламентым) и тхьэмадэ АРГУН Мурат, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ

ИлъэсыщIэ махуэщIхэр — длэжьахэр къыщытпщытэж, мурадхэр щызыхуэдгъэувыж зэманщ.

Мы гъэм къэхъуа къэхъукъащӀэ псори здихькӀэрэ, илъэсыжьыр йокI, ИлъэсыщӀэм гугъэщӀэхэмрэ ехъулӀэныгъэхэмрэ я бжэр къызэӀуех. Къихьэ илъэсыр лъэкӀыныгъэщӀэхэм, ди республикэм и зыужьыныгъэм, дэтхэнэ цӀыхуми и ефӀэкӀуэныгъэм я зэман хъуну си гуапэщ. 2026 гъэм ехъулӀэныгъэщӀэ куэд къытхуихьыну, унагъуэ къэс насыпрэ гуапагъэрэ илъыну! Сывохъуэхъу къэкӀуэну илъэсыр нэхуу, гукъыдэж дахэ куэдкӀэ гъэн щӀауэ щытыну, узыншагъэ, зэӀузэпэщыныгъэ, гуфӀэгъуэ ди Ӏыхьлыхэмрэ къыддалъхуахэмрэ яӀэну, унагъуэ къэс мамырыгъэрэ зэгурыӀуэныгъэрэ щытепщэну, махуэщӀ махуэхэр фӀыгъуэкӀэ, гуапагъэкӀэ, гум имыхуж гуфӀэгъуэ дауэдапщэхэмкӀэ гъэнщӀауэ щытыну! ИлъэсыщӀэмкӀэ, си хэкуэгъу лъапӀэхэ!

КЪЭЗЭНОКЪУЭ Кърым, УФ-м и Федеральнэ ЗэӀущӀэм ФедерацэмкӀэ и Советым КъЧР-м къыбгъэдэкӀыу хэт сенатор

КъэралымкIи, жылагъуэм хуэгъэзауи Iуэху зэхэщIыхьа куэд здыщыдлэжьа Илъэсыжьыр — 2025 гъэр хуэмурэ догъэкIуатэ.

ИкIи, дыхуейщ тхузэфIэкIа IуэхуфIхэм дагъэгушхуэу, дызыхущIэмыхьам дыхуэпабгъэу дызыхуэкIуэ ИлъэсыщIэм дыхыхьэну. Си фIэщ мэхъу, хэти зыхущIэкъуар ехъулIэныгъэщ, ефIэкIуэныгъэщ, псапащIэ IуэхуфIхэр лэжьынырщ, и сэбэп жылагъуэм иригъэкIынырщ. ДяпэкIи апхуэдэ жэрдэмхэр, къыхэлъхьэныгъэхэр лэжьыным дэтхэнэ цIыхури, лъэпкъхэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри дызэрыхуэпабгъэным шэч къытесхьэкъым. «Лъэпкъ щIыхьым шууейхэр» хужаIэ адыгэгу зиIэ дэтхэнэми. Абыхэм адыгэм ифI зэрахуэ, нэхъыфI ящIэным хуопабгъэ. Апхуэдэ лъэпкъыгу зиIэ ди нэхъыжьыфIхэм зыфхузогъазэ — щIалэгъуалэ хьэрычэтыфIэ зыгъэсэну дызыщыгугъыр фэращ. Мы махуэхэм хэти хьэщIэ и куэдынущ. «ХьэщIэм насып къыдокIуэ» жаIэри, насып куэд ИлъэсыщIэм къыфхудэкIуэну, фи гур здэплъэм фи лъэр нэсыну, дэтхэнэми псэуныгъэ быдэ фиIэну ИлъэсыщIэ къихьэм сывохъуэхъу!

АСЛЪЭНХЭ Алий, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

Ди гум къыбгъэдэкIыу дывохъуэхъу махуэщI инымкIэ, нэхумкIэ – Хьисэ Бегъымбарыр къыщалъхуа хъуромэ МахуэмкIэ!

Диныр зезыхьэхэмкIэ а махуэр чыристан махуэщIхэм я махуэбжым и зы напэкIуэцI къудейкъым, ар диным и нагъыщэхэм ящыщ зыщ, гущIэгъуныгъэр, гупсысэхэм я къабзагъэмрэ унагъуэ жьэгум и мыхьэнэмрэ тщызымыгъэгъупщэщ. ЛIакъуэхэм зэIэпаха махуэщI хабзэхэм зыхыдагъащIэ ди тхыдэ иным, ди щэнхабзэм пыщIауэ дызэрыщытыр. Лъэпкъ куэд зэрыс, дин куэд здызэрахьэ ди республикэм деж Хьисэ Бегъымбарыр къыщыхъуа Махуэм къегъэлъагъуэ цIыхухэм пщIэ зэрызэхуащIымрэ псэкIэ зэрызэрыIыгъымрэ. КъызыхэкIа лъэпкъми емылъытауэ, псоми я зэхуэдэщ икIи къагуроIуэ цIыхуцIэ зиIэм къыдекIуэкI лъапIагъэхэр – фIыгъуэр, захуагъэр, гущIэгъуныгъэр, дэIэпыкъуны гъэ хуэныкъуэхэм защIэгъэкъуэныр. Мы махуэ нэхухэм дохъуэхъу чыристан псоми, абыхэм ящIыгъуу республикэм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэми – яIэну псэуныгъэ быдэ, я гур мамырыну, я унагъуэхэм зэгурыIуэныгъэ илъыну! Фи унэхэм щIрехьэ зэIузэпэщымрэ гуфIэгъуэмрэ. Фи гъащIэр гъэнщIауэ щрет къэхъугъэ насыпыфIэхэмрэ Къэрэшей-Черкесымрэ Урысей псомрэ яфI зыхэлъ IуэхухэмрэкIэ!

ТЕМРЕЗОВ Рэшид, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Ӏэтащхьэ ИВАНОВ Александр, Къэрэшей-Черкес Республикэм и ЦӀыхубэ ЗэӀущӀэм (Парламентым) и тхьэмадэ АРГУН Мурат, Къэрэшей-Черкес Республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *