ДэIэпыкъуэгъухэм — фIыщIэ

Нобэ къэралым къыхуигъэува къалэнхэр ягъэзащIэу СВО-м щыIэ  34-нэ, 54-нэ гвардейскэ бригадэхэм я унафэщIхэмрэ зауэлIхэмрэ къабгъэдэкIыу фIыщIэ тхыгъэхэмрэ медалхэмрэкIэ къыхагъэщащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэр республикэм къыщызэгъэпэщыным гуащIэшхуэ хэзылъхьэ цIыхухэм. Мы Iуэхур къызэригъэпэщащ КъЧР-м СВО-м и ветеранхэм я Ассоциацэм.

Мы IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зэрырихьэкI илъэсым гуманитар гулъэхэр зэхуэхьэсынымрэ ахэр зэуапIэм егъэшэнымрэ зэкIэлъызыгъакIуэ купсэ хъуащ.

Ассоциацэм и унафэщI, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Мутчаев Дахир и щхьэкIэ 34-нэ гвардейскэ мотострелковэ бригадэ щхьэхуэм хэту СВО-м къулыкъу щищIащ. Иджыпстуи зэ-

пыщIэныгъэшхуэ ядиIэщ къулыкъу къыдэзыщIахэм, IэщэкIэ къуэш зэхуэхъуахэм. ЗауэлIхэр зыхуэныкъуэмкIэ абы зыкъыхуагъазэурэ, адэкIэ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм и депутатхэм гуманитар гулъэхэр зэрагъэпэщ.

КъинэмыщIауэ, ди республикэм еджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэр, сабий IыгъыпIэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр а Iуэхум жыджэру пыкъуокIри, я дэIэпыкъуныгъэр зэи зэпыукъым.

Ахэр ди республикэм къыщызэрагъэпэщ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и унафэкIэ къагъэщIа Штабым и къэухьым иту.

А махуэм зауэлIхэм къабгъэдэкIа нагъыщэхэр хэIэтыкIауэ щратыжащ жылагъуэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ Штабым и хэщIапIэм.

Зауэ дзэ пакIэхэм я командирхэмрэ зауэлIхэмрэ фIыщIэ псалъэхэр кърагъэхьащ дэIэпыкъуныгъэ Iуэхур къызэгъэпэщыным хэлэжьыхь дэтхэнэми хуэгъэзауэ.  Апхуэдэу, «За содействие СВО» медалымрэ ФIыщIэ тхылъхэмрэ  зыхуэгъэзахэм яритыжащ Мутчаев Дахир.

КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр къыхуагъэфэща нагъыщэр гуапэ зэрыщыхъуар жиIащ икIи СВО-м и ветеранхэм я Ассоциацэм и лэжьыгъэм зэрыхуэжыджэрым, зауэлIхэм, ветеранхэм, абыхэм я унагъуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрагъэзащIэр къыхигъэщащ. — Ди зауэлI хахуэхэм дадэIэпыкъунущ абы хуэныкъуэху. Ди лъэпкъ пашэ Путин Владимир игъэнэIуа къалэнхэр псори  нэгъэсауэ гъэзэщIапхъэщ. Абы тету ди зауэлIхэми зэуапIэм я лэжьыгъэр щагъэзащIэ.

АбыкIэ дэтхэнэми фIыщIэ мыухыж яхудощI. Дэри мыбдеж ди къалэнхэр щыдогъэзащIэ, — жиIащ Иванов Александр.

А махуэм депутатхэм къанэмыщIауэ, нагъыщэхэр иратащ КъЧР-м финансхэмкIэ и министрым, КъЧР-м СВО-м и ветеранхэм я Ассоциацэм къыбгъэдэкIыу фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ жылагъуэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ Штабым, нэгъуэщIхэми.

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *