Дэ ТекIуэныгъэм дрищIэблэщ!

Мазэ псом къриубыдэу ди хэгъуэгум щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я махуэщI къызэрымыкIуэхэр щекIуэкIащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, РЦНК-м и унафэм щIэту, республикэм и къалэ, муниципальнэ районхэм и щэнхабзэ къудамэхэм я лэжьыгъэм и къэпщытэжыныгъэу концерт-зэпеуэхэр къызэрагъэпэщащ.
Абы ипкъ иту, зыгъэлъэгъуэныгъэхэм я чэзур къылъысащ Хьэбэз районым и щэнхабзэ къудамэми.

ТекIуэныгъэм и илъэс 80-м траухуа,  «Дэ — ТекIуэныгъэм дрищIэблэщ!» зыфIаща концертым ухишэу, щэнхабзэмкIэ Унэм и фойем  къыщызэрагъэпэщащ  Хьэбэз къуажэм дэт, сабийхэм я творческэ Купсэм я IэрыщIхэр, район библиотекэм я тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр.  Мыбдежми къыщагъэлъэгъуащ Хьэбэз районым щыщу Хэку зауэшхуэм хэтахэм я сурэтхэр зытет банерышхуэри.

Концертыр зытраухуам хьэщIэхэр хашэу, фойем макъамэ екIупс къыщIэIукIт. АтIэ, хэт зэхиха адыгэ лъэпкъ IэмэпсымэхэмкIэ «Катюша» макъамэ цIэрыIуэр ягъэзащIэу?  Ар телъыджэу  кърагъэкIащ «Вагъуэбэ»  ансамблым.  Уэрэдым и къеуэкIэми, сабийхэм я зыIыгъыкIэ екIуми удрагъэхьэхт,  плъагъунум уи гур нэхъри хуигъэпабгъэт.

Концерт пэшышхуэм къекIуэлIахэр темыпыIэу пэплъэт сценэм къыщыхъуну теплъэгъуэхэм. Асыхьэтми утыкум кърахьа гъащIэ къэхъукъащIэм и зы Iыхьэ дыхъуащ… Нанэм и къуэрылъху цIыкIур йолъэIу зауэ лъэхъэнэм и дадэмрэ езымрэ  я къекIуэкIыкIар къыжригъэIэжыну… дапхуэдизрэ абы ар зэхимыхами, сабийм фIэщIэщыгъуэщ, фIэтелъыджэщ а тхыдэ хъыбарыр… Нанэм и псалъэхэр ешэщIри, дыхешэж хъыбар жыжьэм, илъэс 80-кIэ узэIэбэкIыжмэ къэхъуа гъащIэ тхыдэм,  зауэр щыщIидза лъэхъэнэм… Мамыр гъащIэм гуфIэу, зэрыдунейуэ езым яйуэ мэпсэу, фIылъагъуныгъэ зэхуэзыщIа ныбжьыщIитIыр — Русланрэ Лизэрэ. КъэхъукъащIэ псори къокIэрэхъуэкI абыхэм я гъащIэм ихъуреягъкIэ.

Хэку зауэшхуэр щIедзэ… ныбжьыщIитIыр зауэм зэкIэреч. Сценэм къытоIукI «Священная война»  макъамэ цIэрыIуэр.  Туаршы Амиррэ цIыхубэ уэрэдхэмкIэ «Черкесия» ансаблымрэ ягъэзащIэ къэралыр фашистыдзэм  пэувынымкIэ къызэщIэзыIэта уэрэд гъуэзэджэр.

Лизэ медсестрауэ фронтым Iутщ, Руслан зауэлI хахуэу ТекIуэныгъэр къэзыгъэгъунэгъухэм яхэтщ, махуи-жэщи фIыуэ илъэгъуа пщащэ цIыкIум и тхыгъэхэр, и сурэтыр имыутIыпщу, ар и плъапIэу зауэ илъэсхэр ирехьэкI. Лизи  йожьэ… йожьэ и сэлэтым. Бзылъхугъэ ныбжьыщIэ Лизэ и ролыр зыгъэзащIэ Тэмазэ Даянэ  «Жди меня» уэрэдыр гум хыхьэу егъэзащIэ.

АдэкIэ зауэр йокIуэкI, гъащIэри  щIыгъуу… «В землянке»  уэрэдыр утыку кърахьэ  Даурхэ Аннэрэ Фатимэрэ. «Нас извлекут из-под обломков» уэрэдыр къызэрымыкIуэу егъэзащIэ ТхьэкIумашэ Расул.

КъЧР-м щэнхабэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жумай Алий и нэIэ щIэт, лъэпкъ IэмэпсымэхэмкIэ «Редадэ» оркестрым «Огонёк», «Лизавета» композицэхэр ягъэзэщIащ. Руслан  и ролыр зыгъэзэщIа, зауэлI – Адэмокъуэ Ахьмэд «Лизавета»  уэрэдыр щыжиIэм, залым  щIэсхэм Iэгуауэу хуаIэтам, абы зэрыдежьууам уи гур къызэфIигъанэт, ар апхуэдизымкIэ гум хыхьэти. «МахуэщI къафэр» къызэдащIащ концертым и сюжетыр зыгъэбжьыфIа лъэпкъ къафэхэмкIэ цIыхубэ ансамблхэм:  «Ашэмэз»  (художественнэ унафэщIыр   КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэзрокъуэ Зурабщ, балетмейстерхэр – Адэмокъуэ Ахьмэд, Борсэ Белэ, Хьэбэз РДК ); лъэпкъ къафэхэмкIэ «Синд» ансамблым (художественнэ  унафэщIыр  КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мысрокъуэ Заурбэчщ, Хьэбэз РДК), «Сэтэней» лъэпкъ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэкIэ къэфакIуэ гупым  (худ. унафэщIыр  ЛIымаху Аликщ, Али-Бэрдыкъуэ СДК),  лъэпкъ къафэхэмкIэ ансамбль «Iэдииху» (худ. унафэщIыр,  балетмейстерыр Туаршы Амирщ, Хьэбэз РДК);  лъэпкъ цIыхубэ фольклор къэфакIуэ «Пшэплъ» гупым  (худ. унафэщIыр Къэзэнокъуэ Лолэщ, балетмейстерыр  Гъуэзджэш Динарэщ,  Зеикъуэ СДК); лъэпкъ къафэхэмкIэ «Нэмыс» ансамблым (худ. унафэщIыр, балетмейстерыр  Адэмокъуэ Ахьмэдщ, Куэш-Хьэблэ СДК);  лъэпкъ къафэхэмкIэ «Юность Кавказа»  ансамблым  (художественнэ унафэщIыр, балетмейстерыр Хьэмыкъуэ Азэмэтщ, Малэ Зеленчук СДК). «Шагъдий» вокалист гупым и уэрэджыIэ  Хутэ Руслан «Мой бой» уэрэдыр жиIащ.

Сюжетым и кIэр къэгъунэгъуащ. Русланрэ Лизэрэ куэд щIауэ зыпэплъэ ТекIуэныгъэм и Махуэшхуэри къэблэгъащ. Зауэми, лъыми, узми къыхэкIа ныбжьыщIэхэр унагъуэ хъуащ.  Илъэс 80 текIыжа нэужь, зи щхьэр къэзыIэтыжа фашизмэм иджы пэщIэуващ абыхэм я щIалэр, текIуэныгъэшхуэр къэзылъэщахэм я щIэблэр.

Утыкум къихьащ нобэ СВО-м  хэт, зауэлI Щокъарэ Асчэр. Ар  2022 гъэм и февраль мазэм щыщIэдзауэ хахуагъэрэ лIыгъэрэ зэрихьэу Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам хэтщ. ТекIуэныгъэшхуэм щIэзэуахэм къащIэхъуа щIэблэм и пыщакIуэщ Асчэр… «День Победы» уэрэдыр зэдыжаIэжащ сценэм къытеувэжа артистхэм, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм, уэрэджыIэхэм — районым и творческэ «элитэкIэ» уеджэну зыхуэфащэхэм. ТекIуэныгъэшхуэм и  телъыджагъымрэ и къарумрэ я макъ лъэщымкIэ нэхъри яIэту Туаршы Амир, Даурхэ Аннэрэ Фатимэрэ, ТхьэкIумашэ Руслан сымэ ирашэжьа уэрэдым дежьууащ залым щIэсахэр.

Япэ рядхэм щысу концертым еплъащ СВО-м и ветеранхэу  Гусхэ Замиррэ Бешто   Арсенрэ.  ЩIалэхэм концертыр хуабжьу ягу зэрырихьар, лъэхъэнэхэр зэрызэрапхыу, нобэрей зэманым зэрыхуашар, хэкупсагъэу щIэблэр къэгъэтэджыным хуигъэпабгъэу гъэлъэгъуэныгъэр дахэрэекIуу зэрекIуэкIар къыхагъэщащ. ФIыщIэ хуащIащ ар зыгъэхьэзырахэм, зи гуащIэ езыхьэлIахэм.

КъЧР-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, щэнхабзэмкIэ Унэм и гуащэ Даур Аннэ къызэрыддэгуэшамкIэ, утыку кърахьа сценариер куэд щIауэ и гум щигъафIэт. Абы и зэман, утыку къыщихьэну пIалъэу зэжьэри ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м техуэу арагъэнт.  Ар къызэрымыкIуэ театр гъэлъэгъуэныгъэ телъыджэ ящыхъуащ къеблэгъахэми, къэпщытакIуэ комиссми.

Аннэ фIыщIэ яхуищIащ концертым хэлIыфIыхьахэм, зи гуащIэ хэзылъхьахэм: концерт программэм и режиссерхэу КъЧР-м и цIыхубэ артист КIэдэкIуей Артуррэ Унэгъэс Зэмрэтрэ, хормейстер Даур Фатимэ,  балетмейстерхэу –Адэмокъуэ Ахьмэдрэ Уэзрокъуэ Зурабрэ, концертыр пкъым изыгъэува  «Нэмыс»  театрым.

Музыкально-театр жанрым тету екIуэкIа концертым иджыри куэдрэ тепсэлъыхьынущ зэрырайону, мыбы къекIуэлIа хьэщIэхэри. Ди гугъэмкIэ, ТекIуэныгъэм и Махуэшхуэм — накъыгъэм  и 9-м цIыху нэхъыбэ абы еплъыфыну иджыри зэ утыкум кърахьэми къызэрымыкIуэу фIы хъунут.

АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ.

Сурэтхэр КИЛБЭ Светэ трихащ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *