«Дэ дыкъызэрыгуэкI адыгэ унагъуэжьщ…»

Зеикъуэ къуажэм щыщ БЭДРАКЪ Хьэлисэ Хъусин и къуэм и бжьэхэм я дунейм ухэплъэну зэрыгухэхъуэри, абы удэпсэлъэну зэрыгъэщIэгъуэн дыдэри IузгъэкIуэтынщи, къыхэзгъэщынщ ар зэрыадыгэпсэр, зэрылIы дэгъуэр, и нэхъыжьхэм зэрагъэсауэ, зэрыхьэщIэгъафIэр. Илъэс 48-рэ хъуауэ зы IэщIагъэм ухуэпэжыныр мыбдеж щылъкъым. Хьэлисэ и адэм и лъэужьыр еху цIыхугъэр, адыгагъэр, шыIэныгъэр гъусэ зыхуищIауэ. Абы и ныбжьыр илъэс 70 щрикъуну махуэм — фокIадэм и 23-м ехъулIэу сыхуеблагъэри и мэкъумэш Iуэхухэр зэрызэкIэлъигъакIуэм теухуауэ сыдэпсэлъащ, и бжьэ матэхэм, адэ щIэину къыхуэна жыгхэм зэрапылъым сеплъыну и хъызмэт пщIантIэми сыдэплъащ.

— Дэтхэнэ адыгэ къуажэлIми мэкъумэш хъызмэтыр и хамэкъым, Хьэлисэ. Ауэ уэ уи гъащIэ псор абы епха зэрыхъуар дауэ, хэт е сыт утезыгъэгушхуар бжьэхъуэным?

— «Путь Ильича» колхозым и тхьэмадэу щыта Аргун ПIатIэ и жэрдэмкIэ Усть-Жэгуэтэ щыӀа «Джеганасскэ» бжьэ совхозым и мазих курсхэм сыкIуэри седжауэ щытащ Уэйокъуэ МуIэедрэ Пщымахуэ ЗэIудинрэ сащӏыгъуу. Соми 150-м нэблагъэу улахуэ къыдатт. Арати, курсхэр къэдухыу дыкъекIуэлIэжа нэужь, колхозым бжьэ къищэхуар дгъэхъун хуейуэ ди пщэ кърелъхьэ еджагъищым. Илъэс зытIущ фIэкIаи дымылэжьауэ, ди Iуэхухэр зэкӏэлъымыкӏуэжу, лъэхъауэ къыщыщӏэкӏым, бжьаIуэ къызэзыгъэпэщын зи гугъэ Хьэбэз совхозым докIуалIэ дищтэмэ деплъыну икIи, дызэрыгугъауэ, IэнатIэкIэ дыкъиущхьэкIукъым. Сэ си щхьэкIэ къэсщтэнщи, а совхозым гуащIэу хуэзгъэтIылъар илъэс тIощIым зэрынохьэс.

— АтIэ, зэрыхъумкIэ, уэ иджыпстуи уи унагъуэм бжьэ щыпIыгъ щхьэкIэ, ущыщIалам бжьэхъуэныр уи щIакхъуэ Iыхьэ къызыхэпх IэщIагъэу щытащ. Бжьэхъуэн япэу щыщIэбдзамрэ нобэмрэ зэбгъапщэмэ, нэхъ гугъур сыт хуэдэ зэманра?

— Пэжщ, зыгуэр схузэфIэкIауэ, мылъку гуэр збгъэдэлъу щытмэ, ар, шэчыншэу, си бжьэхэм я фIыгъэкIэщ. Ауэ, япэмрэ иджырэ зэрызэщхьэщыкIым теухуауэ жысIэнуфынур мыращ: си щIалэгъуэм щыгъуэ фом и пщIэр нэхъ инт. Зы щапхъэ къэсхьынщ. 1978 гъэм, ар Iэджэми яжесIэжагъэххэщ, зы фо пэгун сIыгъыу сежьэри мотороллер щIэрыпс къэсхуауэ щытащ. Иджыпсту апхуэдэ техникэ къэщэхуным ехь сом мин 500-м нэсу. Фи нэгу къыщIэвгъыхьэт фом уасэу иIар, зы пэгун изым мотороллер къыщӏэкӏт! 1992 гъэми фейдэ хэлъу сыхъуэжащ. Фо тоннитI КАМАЗым изгъэувэщ-аби Минск сыунэтIащ, экспорт сатум тегъэпсыхьауэ абы къыщыщӏагъэкI МТЗ-80 тракторыр къэсхуну. Мы зэманым тракторхэм я уасэр сом мелуанрэ ныкъуэм, тIум нехус, къэщэхугъуафIэкъым. Сэ си бжьэхэм фоуэ къалэжьам ар къыщIэзгъэкIауэ я фIэщ хъукъым иджырей мэкъумэшыщIэ ныбжьыщIэхэм, ауэ гъащIэр апхуэдащ апщыгъуэм, фIыгъуэ къызыпэкIуэ IэщIагъэхэр куэдт.

— Къуажэ еджапIэм укъызэрыщIэкIыу колхозым ухыхьат убжьэхъуэну, хьэмэрэ, зэрыхабзэу, ищхьэ еджапIэ ущIэтIысхьат? Бжьэм ухуеджэну, ухуэлэжьэну зэрытебубыдам уи унагъуэр дауэ пыкъуэкIа?

— ЯпэщIыкIэ илъэситIкIэ танкыдзэм сыхэту къулыкъу щысщIащ Германием и Веймар къалэм, итIанэ 1976 гъэм, абы сыкъызэрикIыжу, колхозым сыхыхьащ. Ди адэри бжьахъуэт. Куэдтэкъым матэу иIэр, тIощIитI гуэрт. Абы ищIэр дэсщIэ, сыдэIэпыкъу хуэдэурэ, псэкIэ гъунэгъу сыхуэхъуащ бжьэм и дунейм. Дыунагъуэшхуэт, зэкъуэшихрэ зэшыпхъуищрэ дыхъут. 1941 гъэм уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ ди адэр зауэм къикIыжри, «Нэгъуей псыхъуэкӏэ» зэджэ къуэладжэм дэта хадэгъэкIхэм яхыхьащ. Согупсысыжри, нобэр къыздэсым схуэгъэщIагъуэкъым ар а Iуэхум илъэс 64-кIэ зэрыхуэпэжыфам. МащIэщ узрихьэлIэнур апхуэдизрэ зы щIыпIэм щылэжьауэ.

— Бэдракъхэ уэ зыра бжьахъуэу нобэ яIэр?

oplus_32

— Сэ зыращ. СлIо, сэри сыкъэщIэрэщIэжкъым, илъэс 70-м есхулIащ си ныбжьыр. Сыхуейт икIи игъуэ дыдэт нэгъуэщI бжьахъуэщIэ гуэр ди лIакъуэм къыдэунэхуами. Ди адэм и лъэужьыр зэрызмыгъэкIуэдыным сыпылъащ, иджы а лъагъуэм пызыщэфын къытхырекI. Си къуитIымрэ си пхъумрэ я гъащIэр бжьэм траухуэну ауи хьэзыркъым. Я щIэблэр япIыжу, зыхуей ягъуэту мэпсэури, ари зимыуасэ щыIэкъым.

— Фи хадэкум щытепщэ бжьэ емышыжхэр зэрылажьэм укӏэлъыплъыныр гугъэпсэхущ. Зэгуэр къэхъуа уи ӀэщӀагъэм ущытезэша, уи Ӏэр хуэмыкӏуэжу?

— Мэкъумэш лэжьыгъэм епхауэ лажьэ дэтхэнэ зыри гугъу йохь иужьрей илъэс щэщIым. Жыг хади губгъуи зылэжьым гербицидхэмрэ пестицидхэмрэ хэмыту и Ӏуэхур екӏуэкӏкъым. Сэ щIыуэпсым и щытыкIэм зыдызогъэхъуф бжьэм хуэгъэза тхылъхэр зэрыщIэзджыкIым, си IэщIагъэм щхьэпэну слъытэ нэтын гъэщIэгъуэнхэм телефонкIэ сызэреплъым и фIыщIэкIэ. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, бжьэхъуэным зи гъащIэ псор тезыухуа Таранов Георгий и тхылъхэм соджэрей. Бжьэхэм сатезашэ мыхъун. Абыхэм я къалэныр фIы дыдэу ящIэж: ежьэурэ гъэгъахэм шэжыгъэ къыпах, къахьри, я вууныр мыувыӏэу мэлажьэ.

Ауэ, сыт псэхугъэу абыхэм къыуатыр жыпIэри укъызэупщIащи, жысIэфынур зыщ: сыцIыхуу щыщыткIэ, псэ щысIуткIэ, хэти хуэдэу махуэ къэс зы гукъыдэж зизгъэIэфкъыми, си «ныбжьэгъухэм» сазэрыхыхьэу, си гум бампIэу телъыр тохуж, нэхъ нэжэгужи сыкъохъуж. Бжьэхэм хущхъуэу къалэжьыр форамэ, сэ хущхъуэ схуохъу ахэр зэрывур зэрызэхэсх къудейри. ЗыкъомыфI щIауэ шхын къабзэкъым къикIыжыр жыг хадэхэм, губгъуэхэмрэ хуабэщхэмрэ (теплицэ). Япэм фIанэкIэ хадэр дыпщIэт, къэкIыгъэм гын теткIэти, Iуэхур абыкIэ дыуха хъут. Иджы дэнэкIэ зыдмыгъазэми, химиеншэу зыри кIуатэкъым. Ди адэ тхьэмыщкIэм хисауэ ди хадэм итщ зы кхъужьейрэ зы мыIэрысейрэ, илъэс хыщIым нэхърэ нэхъыбэ я ныбжьыну. Куэдукъым, ауэ, бжьыхьэр къызэрысу, тIуми ди ныбэ ямыгъэныкъуэу пхъэщхьэмыщхьэ къат. ЖыгитIри ди адэм и фэеплъу зызохьэ, махэ хъуа къудамэхэр соухъуэнщI, псохэр гынкIэ согъэпскI…

— Пэжыр жысIэнщи, Хьэлисэ, уэ пхуэдэ бжьахъуэ Iэзэ зэрыдиIэм зыри хэсщIыкIынутэкъым, уи къуажэгъухэм уи гугъу къысхуамыщIатэмэ. КъызэрызгурыIуамкIэ, уи бжьэ матэхэри, уи адэм къыщIэна пхъэщхьэмыщхьейхэри, уи джэдэщри фи хъызмэт пщIантIэм дэтщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI бжьахъуэ IэщIагъэм илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ псэкIэ уетащ, ар щапхъэгъэлъагъуэ нэс ирокъу, псом хуэмыдэу, щIалэгъуалэр мыщхьэхыу лажьэу зигъэсэнымкIэ…

— ПцIым сыт и мыхьэнэ, уэрей сыпылъкIэ бжьэм си щIэщыгъуэ имыкIауэ, сфӏэфӏыщэу. МэкъумэшылIым и къалэным куэд къызэщIеубыдэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэгъабэ си закъуэ згъэгъуэлъхьэжри гуэгуши 150-рэ кърезгъэшащ. Ахъшэ кърищIэсхыну аратэкъыми нэхъапэр, си Iыхьлы-Iэулэдхэм яхуэзгуэшащ, унагъуэм щхьэ зыбжанэ къизнэри. ЩIыуэпс и лъэныкъуэкIэ Iус къабзэкIэ бгъэшха гуэгушхэм, узыщыгуфIыкI хъунур аращи, я лыр къэуатщ цIыкIухэмкIи, сымаджэхэмкӏи, лъэщыджэхэмкIи.

— Уи бжьэхэр сыт хуэдэ лъэпкъхэм ящыщ? ЗэрыжаIэмкIэ, бжьэ быным къипсэунур елъытащ зэрыт щытыкIэм. Сыт хэкIыпIэу уиӏэр уи бжьэхэр нэхъыбэрэ хъумауэ къызэтенэнымкIэ?

— Япэм сиIа карпаткэм къытекIуэн яхэттэкъым, псэбыдэт. Ауэ, илъэс зытIущ хъуащи бжьэуэ сиIэм и нэхъыбэр бакфастымрэ карникэмрэщ. Модэ хы ФIыцIэ IуфэмкIэ уIэбэмэ, Хуей ПлъыжьымкIи, мыдэ МейкъуапэкIи, бжьэпщ къыщызощэху зэпыт. Карпаткэуи си бжьаIуэм зытхух итщ иджыри, сымыгъэкIуэдыпауэ. Польшэм, Бельгием, Нидерландхэм кърашурэ Урысейм щагъэтIыс жыг зэмылIэужьыгъуэхэм ящхьыркъабзэу, бжьэуэ къэсщэхум я цIэхэри хамэбзэхэм къатекIа защIэщ. Бжьэм и лъапсэр ирех «варроатоз» жыхуиIэ узым, нэгъуэщIу жыпIэмэ — бжьэцIэм.

Ар мэлхьэпIатIэ лIэужьыгъуэщ, балигъ хъуа бжьэхэми, бжьэпщым идзагъащIэ хупс цIыкIухэми, бжьэ шырхэми яхуолъэ. Колорадскэ цIывым кIэртIоф тхьэмпэр тIысыпIэ ищIамэ, варроатозым 1968 гъэ лъандэрэ бжьаIуэм зыщигъэбыдащ. А псори къытхуэзыутIыпщар Америкэм и Штат Зэгуэтхэращ. БжьэцIэм ебэнынымкIэ къызогъэщхьэпэ СССР-м и зэманым къэкIыгъэ зэхуэмыдэхэм къыхащIыкIыу ящIа КАС-81 пкъыгъуэр.

— Инжыдж псыхъуэм Iус бжьахъуэхэр фызэрыцIыхурэ, хэт уи лэжьэгъухэм яхэтыр мы IэщIагъэ дахэм фIыуэ пылъу? Бжьэхэм зыхуей ягъуэту псэуным мылъку тегъэкIуэдапхъэ?

— Бжьэм теухуа литературэм уеджэныр, нэтынхэм уеплъыныр дэгъуэщ, ауэ нэгъуэщIым ар зэригъэхъур уи нэкIэ плъагъуныр нэхъыфIыжщ. Зеикъуэ дэс Къардэнхэ Азэмэтрэ Ахьмэдрэ, КIытIэхэ Назир сымэ бжьахъуэ ӏэзэхэщ. НетIэ зэрыжысIащи, япэм сом хэплъхьамэ бжьэм, сомитI къыхэпхыжынут. Иджыпсту аракъым зэрыщытыр, фо литрищ цIыхум иIэ нэхърэ, фошыгъу къэп къищэхумэ нэхъ къыхех. Зэи убжьэхъуэфынукъым умыпхъащIэу, зыри пхузэфIэкIынукъым бжьэхэм я тыншыгъуэмрэ я псэукIэр зэрекIуэкIымрэ уи нэӏэ тумыгъэту.

Сэ си унагъуэр зыгъэпсэури, лъэ быдэкIэ щызыгъэтри, шэч хэмылъу, ахэращ. ХыхьэхэкIышхуэ зезыгъакIуэхэм захэдбжэу аракъым абы къизгъэкIыр, атIэ, сэ сыт щыгъуи зэрыжысIэщи — дэ дыкъызэрыгуэкI адыгэ унагъуэжьщ. Нобэ тшхынрэ щыттIэгъэнрэ къызыхэтхын диIэмэ, ар зи фIыщIэр Тхьэ закъуэращ. Ар ди унагъуэм фIыкIэ къызэрытхуэупсэр, гугъуехьыр Ӏумпэм дымыщӏу, тщӏэм шыIэныгъэ худиӏэу, цIыхугъэр япэ идгъэщу дыкъызэрекIуэкIым хузохь. НэгъуэщIу дыщытыфынутэкъым, ди адэ-анэм дызэрагъэсам дыфIэкIыу… — Ди лъэпкъым пасэ лъандэрэ зэрихьэ бжьахъуэ IэщIагъэм илъэс щэныкъуэм нэблэгъауэ ухуэпэжщи, Хьэлисэ, Тхьэм уи гъащIэр адэкIи щигъэт фом хуэдэу къабзэу, IэфIу, дахэу!

Епсэлъар ЛЫХЬ Тимурщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *