«ЦIыхур цIыху щIыжщ»

ЦІыхухэм, лъэпкъхэм яку дэлъ пщIэращ, нэмысращ, гулъытэращ, зэхущытыкIэ дахэращ щIылъэр зэтезыIыгъэр. Адыгэм ауэ сытми жиIакъым «цIыху цIыху щIыжщ», жиIэу: гуапэу ущызэпсалъэкIэ, ущызэщIэупщIэкIэ, гулъытэрэ пщIэрэ щызэхуэпщIкIэ, абыхэм къару къыпхалъхьэ, уагъэгушхуэ, гъащIэм ущагъэгуфIыкI. Апхуэдэ зэхущытыкIэфIхэм ятеухуауэ зы щапхъэ къэтхьыну дыхуейт…


ФIы дыдэу доцIыхуж усакIуэ, философ, адыгэ журналистикэм и лъабжьэр Къэрэшей-Черкесым щызыгъэтIылъахэм ящыщ Пхъэш МуIэед и теленэтын телъыджэхэр. ЖытIэнщи, абы хуэдэу адыгэбзэр зыгъэшэрыуэ гъуэтыгъуейт. Журналист цIэрыIуэм игъэхьэзыр теленэтынхэр узыфIэмыкIыжыну гъэщIэгъуэныщэт, «мыхэр дэнэ къыщрихрэ» жыуигъэIэт. Апхуэдэ и зы IэдакъэщIэкIщ ди гулъытэр зыхуэзар. Ар МуIэед 2000 гъэм Къэрэшей районым хыхьэ Хъумэрэ адыгэ къуажэм щытрихауэ щытат.
Фильмыр щIедзэ упщIэ пыIэ хужьыр зыщыгъ лIым дзапэ уэрэдыр къришу къуажэм и бгылъэ дахащэхэм шууейуэ ирикIуэу. Абы къыдэкIуэуи журналистымрэ и псэлъэгъумрэ зэдэуэршэрын щIадзэ. Псалъэ хьэху къыхимыгъахуэу адыгэбзэр дахэу зыгъэIу лIым къиIуатэ хъыбарыр гъэщIэгъуэн дыдэ тщыхъуащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар лъэпкъкIэ къэрэшейт, и лъапсэр Къарт-Джурт къуажэм къыщежьэт.
«Си адэм щхьэгъусэ къиша нэужь, Къарт-Джуртым къыдэкIри, си анэшхэри щIыгъуу, Хъумэрэ къуажэм къэкуэшахэщ. Абыкъухэ щIыгу къыщащэхури, абдеж унитху щращIыхьри, псэун щIадзащ. Ди адэ-анэм хъыджэбзиплIрэ щIалитIрэ драIэти, хыри мыбдежщ дыкъыздэхъуар. Апщыгъуэм мы адыгэ къуажэм къэрэшей лъэпкъым къахэкIауэ унагъуэ 18 дэсащ. ЖысIэнщи, адыгэхэмрэ дэрэ фIыуэ дызэрылъагъуу дыпсэуащ. Сэ апщыгъуэм сысабийт, арами, фIы дыдэу си нэгум щIэтыжщ ди нэхъыжьхэр хьэщIапIи зэхуэкIуэу, я нэщхъеягъуи я гуфIэгъуи зэдагуэшу зэрыщытар. Гъунэгъур зыгуэр хуэныкъуэу мыдрейхэр щысынутэкъым, зэдэIэпыкъут, зызэщIагъакъуэт. Унэ щащIкIи, щIыхьэху жаIэти, зэхэлъадэти, зым и Iуэху зэдыдагъэкIт. Мис апхуэдэу зэгурыIуэу, якум IэфIыныгъэ илъу ахэр къызэдэгъуэгурыкIуащ. Уэ нэгъуэщI лъэпкъым укъыхэкIащ жаIэу зэхадзакъым, зы унагъуэм хуэдэу зэдэпсэуахэщ, зэхэсахэщ. Сэ адыгэхэм сазэрыхэмысыжрэ куэд щIащ, ауэ я бзэр фIы дыдэу сцIыхуащ. Бзэр мащIэу сIэщIэхужами, Хъумэрэ къуажэм ныбжьэгъу къыщысхуэхъуахэр сщыгъупщакъым, ахэр куэду сиIэщ. Дзэмыхьхэ Екъуб, Цагъэхэ Умар, Дыгъужьхэ я унагъуэхэр ди гъунэгъут, фIы дыдэу дызэхущытт, сабийхэр дызэдэджэгут, дызэрыгъэныбжьэгъут, зэщIыгъуу еджапIэм дыкIуэт. Уэ укъэрэшейщ, сэ сыадыгэщ жытIэтэкъым, дызэрыгъэныбжьэгъут. Адыгэ унагъуэхэм дихьэмэ дагъэхьэщIэу, цIыхугъэшхуэ къыткIэлъызэрахьэу апхуэдэт. Ди анэр мэкъу Iэнащтэ дэкIмэ, гъунэгъум дакъыхуигъанэти, ахэр къыткIэлъыплът, я нэIэм дыщIэтт. ЧеркесыбзэкIэ сыпсалъэу щыщIэздзар абдежращ. Адыгэм дащыхэсам дяку илъа IэфIыныгъэр зэи сщыгъупщэнукъым. Ахэр зэрыцIыхуфыр, зэрылъэпкъыфIыр си сабиигъуэм зыхэсщIащ, ноби дэнэ сыщымыIами, си гум гуапэу илъщ, хэти яжызоIэ», — теленэтыным щыжеIэ Нурдин зи цIэ къэрэшей щIалэм.
ЖытIэнщи, ди адэжьхэр дэр нэхърэ нэхъ губзыгъэт, зы махуэ къудейкIэ мыпсэууэ жыжьэ плъэфт, нэхъыби ялъагъут, «Зы нэкIэ къоплъым нитIкIэ еплъыж» псалъэжьым и ущием тету псэут. Мыр цIыху хъунщ жиIэу абы щыгугъыу тхьэшхуэм дунейм къытригъэхьахэм псэунымкIи, лэжьэнымкIи зэхуэдэ хуитыныгъэ зэраIэр зэхащIыкIт, дэ дынэхъ лъэ-пкъышхуэщи, нэхъыбэри, нэхъыфIри тхуэфащэщ жаIэу я бгъэм теуIуэу къэувхэтэкъым. Псэлъэным ипэкIэ гупсысэхэт, ежьэным ипэ-кIэ заплъыхьт. Аращ хьэлэбэлыкъ яку къыдэмыхуэу ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэр зэгурыIуэу къыщIызэдэгъуэгурыкIуар. Нобэ си кIэныр къикIащ жаIэу, зым адрейр игъэущиижтэкъым, къабгъэдэтыр я щхьэм иралъытт. Сыту жыпIэмэ къагурыIуэт мы дунеижьыр зэрычэзур, нобэ уэрамэ, пщэдей сэращ. АтIэ, а псоми щIэгупсысу, а псори зэригъэзахуэу къы-тщыхъуащ Пхъэш МуIэед и псэлъэгъу къэрэшей лIым.
АтIэ цIыхукIэ къытщыгугъыу Тхьэшхуэм мы дунейм дыкъытрегъыхьэ, лъэпкъыцIэ зырыз зетхьэу допсэу, ауэ къемэтмахуэ къэсу Тхьэм и пащхьэ дыщихьэжкIи зы упщIэщ абы къытхуигъэувынур: «Сызэрыпщыгугъам хуэдэу цIыхуу укъыщIэкIыжа?»
Аращи, ди лъабжьэ щIэт, ди Iэ къызыпекIуэкI дэтхэнэ зыми мы гупсысэр яхэдывгъапщэ! Алыхьым лъэпкъкIэ дызэхидзу дыкъыщIигъэщIар ди гъащIэр нэхъ дахэ, нэхъ гъэщIэгъуэн хъун щхьэкIэщи, ар апхуэдэу щрет, ауэ цIыхугъэ, нэмыс, гулъытэ зэрытхэлъын, гу къабзэ, псэ къабзэу дунейм дызэрытетын хуейр зыщыдывмыгъэгъупщэ!
ДЗЭМЫХЬ Маринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *