ЦIыхупсэм дэщIауэ

Мы дунейм IэщIагъэ зэхуэмыдэу тетыр я мыхьэнэкIэ зэбгъапщэмэ, медицинэм пэплъыт хъун къыхэкIынукъым. Хэт сыт жимыIэми, псом нэхърэ нэхъ лъапIэ дыдэщ ди Iэпкълъэпкъым дагъуэ темылъу, дылъэжану гъащIэ кIыхь къэдгъэщIэныр, ди узыншагъэм дыхуэсакъыныр, абы ену гулъытэ хуэтщIыныр…

Ди гур къыхэузыкIамэ, е лъыр щхьэм дэуеямэ, дызэресауэ, япэу зызыхуэдгъазэр дэIэпыкъуэгъу псынщIэращ. Абы щылажьэ фельдшерыр медицинэм и лэжьакIуэ къудейкъым, атIэ, ар Iэзэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэзыцIыхукI, гъейшей хъуам дэIэпыкъуну гузавэу пыкъуэкI IэщIагъэлIщ. Куэд елъытащ абы и IэпщIэлъапщIагъым: цIыхум и узыншагъэр ефIэкIуэнуми, екIэкIуэнуми. А IэщIагъэр зэрымыпсынщIэм, псэзэпылъхьэгъуэ куэдрэ уизыгъахуэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, абы ирилэжьэну таучэл зыщIхэр куэдкъым, ауэ, дэнэ дежи хуэдэу, медицинэм зи гъащIэр езыпхар мэлажьэ игурэ и псэрэ етауэ.

Мис апхуэдэ дыдэщ Хьэбэз район сымаджэщым и дэIэпыкъуэгъу псынщIэ къулыкъум, Куэш-Хьэблэ къуажэм дэтым и фельдшер ныбжьыщIэ АНЗОРХЭ Беслъэн. Мы IэщIагъэлI ныбжьыщIэр а къулыкъум куэд мыщIами зэрыщылажьэрэ, и унафэщIхэр и лэжьэкIэм арэзы зэрищIым и мызакъуэу, сымаджэхэм ягу къехьэху гупсэхуу зэраIэзэмкIэ икIи, зэхыдох абыхэм фIыщIэ, щытхъу псалъэ куэд къыхужаIэу.

Беслъэн Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыщщ. Курыт еджапIэм щIэс щIыкIэ игъэбелджылат медицинэм и IэщIагъэрылажьэ хъуну зэрыхуейр. Зыдэплъейуэ, щапхъэ зытрихыу иIэри и анэ Эдитэт. ЕджапIэр къиуха нэужь, щIалэр щIыхьащ Черкесск къалэм дэт медицинэмкIэ колледжым, ар къиухмэ, дзэIулъхьэ IэщIагъэм хуеджэжын и мураду. АрщхьэкIэ, 2018 гъэм, колледжыр къызэриухыу, Беслъэн медбрату и лэжьыгъэр щыщIидзащ Хьэбэз район сымаджэщым сымаджэхэр япэу здекIуалIэ къудамэм. ИлъэскIэ абдеж щылэжьауэ, реанимацэмкIэ ягъэкIуэжащ. ИужькIэ, къыдеджа и ныбжьэгъум щIыгъуу ФСИН-м фельдшеру щрагъэблагъэм, абыи илъэситIкIэ Iуэху щищIащ.ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм ар щолажьэ 2022 гъэ лъандэрэ.

— Псори сэркIэ щIэт: сызыхыхьа гупри, сызыпэрыхьа Iуэху мыпсынщIэри… Сымаджэм деж сыкIуэу, абы сыдэмыIэпыкъуфыныр сэркIэ гузэвэгъуэшхуэт, шынагъуэт. Куэдрэ сихуащ апхуэдэ гузэвэгъуэм, ауэ, цIыхур сэр нэмыщI зыщыгугъын зэримыIэм къару къысхилъхьэжти, зыхуэныкъуэр езгъэгъуэтт, — фельдшер ныбжьыщIэм игу къегъэкIыж и лэжьыгъэм и щIэдзапIэр. Зэман куэд дыдэ хъуауэ мы къулыкъум щымылажьэми, и тегушхуэныгъэри и фIэщхъуныгъэри нэхъ ин хъуащ. ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм зыкъыпызыщIэхэм гузэвэгъуэ гуэр урамыгъахуэу къанэкъым. Зэи пцIыхунукъым узылъыгъуэзэну къыпщыгугъ цIыхум уи пщэ къыдилъхьэну жэуаплыгъэм и инагъыр.

Дауэ мыхъуами, Беслъэн и гур апхуэдэхэм деж хуэмурэ къызэрегъэгъуэтыж, гужьеигъуэ ихуам зэрыщхьэпэным хуэпIащIэу. Абы къыхегъэщ пIейтеиныгъэ пхэлъу сымаджэм зебгъэлъагъуным сэбэп къызэримыхьынур. Беслъэн щIэх къыгурыIуащ IэнатIэ мытынш зэрыIуувар. Ар зыщылажьэ къулыкъум къуажищ къызэщIеубыдэри, жэщ-махуэм 10-12 хуэдизрэ ираджэ. Нэхъыбэ дыдэрэ ираджауэ жеIэ дыгъэгъазэм и 31-м, икIи жеIэ, здэлэжьауэ хъуам хэплъэжмэ, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм хуэдэу нэхъ гугъу здехь зэрахэмытыр.

— Узыхуэзэнур умыцIыхуу уокIуэ уздраджэм, уи щыпэкIуэм хуэдэу. Узыщымыгугъа, уздэмыгугъа куэдым урехьэлIэ ущылажьэкIэ. Ди дэIэпыкъуэгъу нэхъыбэу хуэныкъуэр зи ныбжь хэкIуэтахэращ. ЩыIэщ, уепсэлъэн фIэкIаи хуэмейуэ, уз зытемылъхэри. Ауэ, щытыкIэ хьэлъэ итхэри ди мащIэкъым. ИтIанэ, ди цIыхухэм сымаджэщым кIуэну яфIэфIкъым. Дэри абыхэм я арэзыныгъэ димыIэу, егъэзыгъэкIэ етшэжьэн дыхуиткъым. Зы фыз гуэр, сымаджэщым нысхуэмыкIуэурэ, дунейм зэрехыжауэ щытар ноби сигу икIыжкъым. Псом нэхърэ нэхъ гууз дыдэу си лэжьыгъэм щызгъэунэхуащ гъуэгум машинэ зэжьэхэуэныгъэм кърикIуар. Апхуэдэ къэхъугъэхэр уигу емыуэу къанэкъым, ауэ зыбгъэбыдэу, зэпIэзэрыту фэбжь зытелъым удэIэпыкъунымкIэ унафэ къэпхьыныр нэхъапэщ, — и лэжьыгъэм нэхъ гугъуу хэлъхэм и гугъу къытхуещI Беслъэн. «Зи псэ хэкIыу щылъ цIыхум ущыщхьэмыпэфым деж, къыдалъхуахэр гуIэжу щыту, мис ар гукъутэ дыдэщ», — къыпещэ фельдшерым.

Апхуэдэ щытыкIэ гугъухэр лэжьыгъэм хэтми, ар IэщIыб езмыгъэщIыр, къару къыхэзылъхьэр зи Iэзэгъуэ зылъысахэм къыхужаIэ псалъэ гуапэхэращ. «ФIыщIэ къысхуэзыщIым си сэбэп екIри узыншэ хъужащи, ар зимыуасэ щыIэкъым», — жеIэ Беслъэн. Зэман къыщыхудэхуэкIэ, бдзэжьеящэ кIуэну фIэфIщ. А дакъикъэхэм игукIи и псэкIи зегъэпсэхури, нэхъ нэжэгужэ къэхъужауэ, къаруущIэ игъуэтыжауэ и IэнатIэм пэрохьэж.

Анзорхэ я унагъуэм медицинэр зыпащI щыIэкъым. Беслъэн и анэм къинэмыщIауэ, медицинэм епхауэ мэлажьэ и шыпхъуитIри, уеблэмэ гъащIэ гъусэу къыхиха Амини дохутыртерапевтщ. И лэжьыгъэкIэ мы щIалэ щэныфIэм иджыри гъуэгуанэшхуэ къызэпичакъым, ауэ хиша лъагъуэм текIынуи и мурадкъым. Япэхуным лэжьапщIэр и щхьэусыгъуэу и IэнатIэр ихъуэжыну хуеят, арщхьэкIэ, медицинэм хуэдэу псэкIэ фIыуэ хуэлъагъун зэрыщымыIэр къыгурыIуэри, щIегъуэжащ. Апхуэдэу щыщыткIэ, къуажэдэсхэри, унафэщIхэри къыхуэарэзыуэ зи лэжьыгъэм пэрыт фельдшер ныбжьыщIэм и цIэр фIыкIэ зэхэтхыу адэкIи Тхьэм игъэлажьэ!

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *