ЦIыхум къигъанэ лъэужьырщ уасэншэр

ХабзэфI зэрытхуэхъуауэ, прокуратурэм и лэжьакIуэм и IэщIагъэ махуэщIым ипкъ иту, дэ псэлъэгъу зыхудощI а къулыкъум и лэжьакIуэ щыпкъэхэр, зи лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэкIэ, Iуэху гъэзэщIэкIэкIэ къахэщхэр, щапхъэгъэлъагъуэ хъухэр. Абыхэм ящыщщ КъЧР-м и прокуратурэ къулыкъум правовой статистикэмкIэ, хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ, хъыбархэр хъумэнымкIэ и къудамэм и унафэщI, юстицэмкIэ чэнджэщакIуэ нэхъыжь АФIЭУНЭ Зураб Амэрбий и къуэр.

УпщIэ-жэуап щIыкIэу дгъэпса ди зэпсэлъэныгъэр едмыгъажьэ щIыкIэ, фыщыдгъэгъуэзэнщ псэлъэгъу зыхуэтщIа къулыкъущIэм къикIуа щIэныгъэ — гуащIэдэкI гъуэгуанэм. Ар, шэч хэмылъу, щIыхьрэ пщIэрэ зыхуэфащэщ.

АфIэунэ Зураб 1975 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 27-м Черкесск къалэм къыщыхъуащ. «Юриспруденция» IэщIагъэмкIэ ищхьэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ правомкIэ Саратов къэрал академием. Прокуратурэ къулыкъум гуащIэдэкI лэжьыгъэкIэ хэбакъуэкIэрэ, 2002 гъэм фокIадэм и 9-м и лэжьыгъэм щригъэжьащ Карачаевск къалэ прокурорым и дэIэпыкъуэгъуу. 2005 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 26-м Зураб къыхуагъэфащэ Хьэбэз район прокуратурэм и следователь IэнатIэр. Урысей Федерацэм и прокуратурэ къулыкъум игъуэта структурэ зэхъуэкIыныгъэхэм иужь, 2007 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 7-м Зеленчук районпсо следственнэ къудамэм и следователь IэнатIэм ди лъэпкъэгъу щIалэр трагъэхьэ. 2008 гъэм гъатхэпэм и 4-м здэлажьэ щIыпIэр ирагъэхъуэж, икIи Прикубан районым и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь ящI.

А гъэ дыдэм и мэкъуауэгъуэм (июным) и 9-м «по надзору за уголовно-процессуальной и оперативно-розыскной деятельностью органов внутренних дел, госнаркоконтроля и юстиции» КъЧР-м и прокуратурэм и къудамэм и прокурор IэнатIэр къыхуагъэфащэ. 2009 гъэм накъыгъэм (майм) 26-м «прокурор отдела по обеспечению участия прокуроров в рассмотрении уголовных дел судами прокуратуры КЧР» IэнатIэмкIэ АфIэунэм и цIэр къраIуэ. А гъэ дыдэм, фокIадэм (сентябрым) и 6-м прокурор нэхъыжь IэнатIэр дзыхь къыхуащI.

2011 гъэм щIышылэм (январым) и 24-м АфIэунэ Зураб КъЧР-м и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь ящI, икIи федеральнэ шынагъуэншагъэмкIэ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ, экстремизмымрэ терроризмымрэ пэщIэтынымкIэ хабзэхэр зэрагъэзащIэр нэIэ щIэгъэтынымкIэ и къудамэм и пщэрылъхэр щегъэзащIэ. 2014 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 2-м Зураб яунэтI Адыгэ-Хьэблэ районпсо прокурорым и къуэдзэ IэнатIэм.

2015 гъэм накъыгъэм (майм) и 5-м къыхуагъэфащэ «по надзору за исполнением федерального законодательства прокуратуры КЧР» къудамэм и унафэщI IэнатIэр. 2024 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 25-м щегъэжьауэ АфIэунэ Зураб и унафэщIщ правовой статистикэмкIэ, хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ, хъыбарыр хъумэнымкIэ КъЧР-м и прокуратурэ къудамэм. И Iуэху бгъэдыхьэкIэ нэхъусар, и лэжьыгъэм къыпэкIуэ фIагъыр къыхалъытэкIэрэ, Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокурорым, Къэрэшей-Черкес Республикэ прокурорым я унафэкIэ, щIыхь нагъыщэхэмкIэ зыбжанэрэ къыхагъэщащ.

— Зураб, хъунумэ, ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэгъуу нэIуасэ уахуэтщIыну дыхуейт. Сыт хуэдэ унагъуэм укъыхэкIа, сыт хуэдэ курыт еджапIэм ущеджа, узыдихьэхыу щыта предметхэр, спорт лIэужьыгъуэхэр…

— Къэзухар Черкесск къалэт дэт, зи № 9 курыт еджапIэращ (иджы гимназиеращ). ФIыуэ седжащ. Нэхъ сфIэфIу щыта предметхэм ящыщщ тхыдэмрэ географиемрэ. Сыдихьэхыу, уеблэмэ зэман гуэркIи зызгъасэу щытащ футболкIэ, самбокIэ…

 Ди зэманым щыгъуэ щIалэгъуалэм ящыщ куэд сурэт техыным дихьэхыу щытащ. Сэри а Iуэхугъуэр си псэм и щIасэт… АдреймкIэ, сыкъызэрыхъухьар юрист унагъуэщ, си адэр — МВД-м и следственнэ къулыкъухэм я ветерант, иужьым уней нотариусу лэжьащ. Дунейм ехыжащ 2005 гъэм. Си анэр адвокатщ, арбитраж судым и хеящIэу лэжьащ. ИджыпстукIэ отставкэм щыс хеящIэщ. КIэщIу, апхуэдэщ си къекIуэкIыкIар.

— ЗэрыхъумкIэ, къыхэпхыну IэщIагъэр щIэх къыбгурыIуагъэххэт…

— ХьэкъыпIэкIэ пэжщ. Къыхэсхыну IэщIагъэм хуэзунэтIыным хэлъхьэныгъэ хуащIащ си анэ-адэм. ЖысIэнщи, тIуми 1970 гъэхэм Курский Д. и цIэр зезыхьэ Саратов юридическэ институтыр (нобэкIэ — правомкIэ Саратов къэрал академиер) къаухауэ щытащ. Абы къыдэкIуэуи и зэманым сэри абыхэм я лъэужьым срикIуащ.

— Урысейм и къэрал цIыхушхуэ, адыгэ лъэпкъым и къуэ щыпкъэ Къалмыкъ Юрэ хэлъхьэныгъэшхуэ зыхуищIа ищхьэ еджапIэщ къэбухар…

— Аращ. ЖысIэнщи, Къалмыкъ Юрэ си анэ Татьянэ и дэлъху нэхъыжьщ. ЦивилистикэмкIэ Урысейпсо еджапIэм и зэфIэувэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэну щэджащэщ. Абы юрист-щIэныгъэлI куэд тетхыхьащ…

 — Сыт хуэдэ гукъэкIыжхэр къыпхуэна ущеджа илъэсхэм ятеухуауэ?

— Сигу къинэжар тегъэчынауэ дызэрырагъэджаращ, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа ди егъэджакIуэфIхэращ. КъызэрымыкIуэу еджэныгъэм дыхуагъэпабгъэу къыддэлэжьащ.

— ДыкъытеувыIэнщ узытелажьэ къудамэм и къалэнхэмрэ пщэрылъхэмрэ. Прокуратурэ къулыкъум и «цифровой трансформацэ»-м, «правовой статистикэ»-м сыт къызэщIаубыдэр?

— Цифровой трансформацэр — ар прокуратурэ къулыкъухэм я лэжьыгъэр оптимизацэ щIынырщ, цифровой технологиер къагъэсэбэпкIэрэ; оптимизацэр – ар хъыбарегъащIэ бэзхэр лэжьыгъэм хэпщэнымрэ къэгъэсэбэпынымрэ трагъэкIуадэ ресурс, пIалъэ хэлъхьэныгъэхэр гъэмэщIэнырщ, цифровизацэр я лъабжьэу прокуратурэ къулыкъум и кIуэцIым къыщекIуэкI лэжьыгъэхэр ухуэнырщ; прокуратурэ къулыкъум и лэжьакIуэхэр къызэгъэпэщынырщ хамэ къэрал хьэпшыпхэр зыхъуэж автоматизированнэ IэмэпсымэщIэхэмкIэ; прокуратурэ къулыкъумрэ организацэхэмрэ яхьэлIа хъыбархэр зыуэ щыт зэпыщIэныгъэу хъумауэ зэIэпыхынырщ…

 «Правовой статистикэ»-р – ар щытыкIэхэр зэхуэхьэсынымкIэ, елэжьынымкIэ, щIэплъыкIынымкIэ бэзщ, прокуратурэ къулыкъум и лэжьыгъэм епхауэ, щIэпхъаджащIэхэм япэщIэтыным, прокурор нэIэм ехьэлIауэ.

— Сыт хуэдэ хъыбарегъащIэ технологиехэр къагъэсэбэпрэ прокурор лэжьакIуэхэм я лэжьыгъэм къриубыдэу? Цифровизацэм сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ къыхилъхьа прокуратурэм, прокурорхэм я лэжьыгъэм?

— Прокуратурэм и лэжьыгъэр еухуэ «электроннэ документооборот»-кIэ, игъэмэщIэн папщIэ нэгъуэщI къулыкъухэм къабгъэдэкIыу хъыбарыр къызэрыIэщIыхьэ зэманыр. Дбгъэдэлъщ хъыбарегъащIэ ресурсхэри. Абыхэм къагъэсэбэп дэфтэр зегъэкIуэкIэр щIэтхэныр, уголовнэ, административнэ, гражданскэ хеящIэ производствэхэм яхьэлIауэ. КъинэмыщIауэ, мэлажьэ хъыбарегъащIэ бэз къулыкъупсо, электроннэ зэдэлэжьэныгъэм хуэунэтIауэ. Апхуэдэуи, къулыкъум бгъэдэлъщ правовой статистикэмкIэ къэрал бэз.

— Сыт хуэдэ мыхьэнэ къызэщIиубыдэр «хъыбарыр хъумэн» фIэщыгъэцIэм?

— «Хъыбарыр хъумэн»-р зэхэщIыхьащ техническэ, къызэгъэпэщыныгъэ, правовой бгъэдыхьэкIэхэмкIэ, ахэр зыхуэгъэзар хъыбарыр хэIущIыIу щIынымкIэ, зыгуэр къыщыщIынымкIэ, хабзэм темыту лъэIэсынымкIэ шынагъуэр гъэмэщIэнращ. Къагъэсэбэп физическэ Iэмэпсымэхэр, зэпыщIэныгъэ каналхэр хъумэным, программэ зэхуригъэкъуныгъэ щытыкIэхэр шифрованэ щIыным хуэгъэзауэ.

— ЦIыху къызэрыкIуэм прокуратурэ къулыкъум сыт хуэдэ IэмалкIэ зыхуигъэзэфыну?

— Урысей Федерацэм и прокуратурэ къулыкъум зыхуэзыгъэзэну хуейм къигъэсэбэп хъунущ Госуслуги порталыр. КъинэмыщIауэ, «Къэрэшей-Черкес Республикэм и Интернетприемнэ» сайтми зыхуэгъэзэныгъэ бгъэкIуэфынущ, «Госуслуги»-м авторизацэ пщIа нэужь.

— Илъэс 20-м къриубыдэу узыхэт прокуратурэ къулыкъум, нэгъуэщIу жыпIэмэ, уи лэжьыгъэ практикэм узыщрихьэлIа, нэхъ гукъинэж пщыхъуа Iуэхугъуэ гуэрым укъытхутепсэлъыхьыфыну пIэрэ?

— Къулыкъум сызэрыхэтрэ, лэжьыгъэм ехьэлIауэ Iуэху хьэлъэ зэхэщIыхьа куэд си нэгу щIэкIащ. Шэч хэлъкъым. Ауэ, нобэ жысIэжынщ зы къэхъугъэм теухуауэ. Ар къыщыхъуар 2015 гъэращ, апщыгъуэм КъЧР-м и прокуратурэм и къулыкъум и унафэщIу сылажьэт, абы къыдэкIуэуи Черкесск къалэм и прокурорым и къалэнхэр пIалъэкIэ згъэзащIэт.

 Республикэ къалащхьэм щыщIатхат хъыбар хыхьэхэкIырылажьэм пыщIа цIыхур здэкIуэдар зыми ямыцIыхуу. А цIыхум бэзэрым сату щищIэт, апщыгъуэми езым онкологическэ узыфэ пкърытт. И сату Iуэхум къыхэкI ахъшэр абы яхузэхуихьэст и бынитIым. Арати, лIыр здэкIуэдар зыми ицIыхутэкъым, уеблэмэ и автомашинэм IункIыбзэ емытауэ къалэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыту къагъуэтат. Черкесск къалэ прокуратурэм и оперативникхэмрэ следствием и лэжьакIуэхэмрэ пIалъэ кIыхькIэ дызэчэнджэща нэужь, унафэ къэтхьащ лIы кIуэдам и гъунэгъуу сату зыщIэу къыбгъэдэта бзылъхугъэм депсэлъэну.

Абы хуэдгъэфащэт хыхьэхэкIырылажьэр зэрыкIуэдам зыгуэркIэ епхауэ… Иужьым къызэрыщIэкIыжари аращ: а бзылъхугъэрауэ къыщIэкIащ лIыр ядыгъуныр къызэзыгъэпэщари, езыгъэукIари. Къаубыдащ а щIэпхъаджагъэр зыгъэхъа нэрыбгиплIыр, яукIар здыщIалъхьари къагъуэтащ. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэр бзылъхугъэм илэжьыныр къызыхэкIар щIыхуэ зэрытелъаращ…

— Узыхэт къулыкъум, уи лэжьыгъэм хууиIэ фIылъагъуныгъэр сыт нэхъ зыхуэгъэзар?

— ЦIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр фIы хъуным хэлъхьэныгъэ хуэсщIыну лъэкIыныгъэ зэрызиIэр си лэжьыгъэм хэлъ фIагъ нэхъыщхьэу солъытэ.

— ГъащIэм деж сыт уасэншэу плъытэр?

— Уасэншэр – цIыхум къигъанэ, IуэхуфIкIэ гъэнщIа лъэужьырщ.

— Фи къулыкъум и лэжьакIуэм и IэщIагъэ махуэщIым ипкъ иту, сыт хуэдэ хъуэхъукIэ захуэбгъэзэн уи лэжьэгъухэм?

 — Сахуохъуахъуэ прокуратурэ къулыкъум и лэжьакIуэ къэс и IэщIагъэ махуэщIымкIэ! Сыхуейщ дэтхэнэ си лэжьэгъуми къихь унафэр тегъэчынауэ, зэпэшэчауэ щытыну, щытыкIэ зэхэщIыхьахэм дежи хэти бгъэдэлъ щIэныгъэ куур къыхуэсэбэпыну.

— Тхьэм уигъэпсэу, Зураб. ИкъукIэ купщIэ хэлъу укъыдэпсэлъащ. Тхьэм уи IэщIагъэм и хъер уигъэлъагъу!

 Епсэлъар АБИДОКЪУЭ Люсанэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *