Мызыгъуэгум си псэлъэгъущ Къэрэшей-Черкесым и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэ Владимировнэ. Абы сыIущIэну, сепсэлъэну сызэрыхуейрэ зэман гуэр текIат. Совет зэманым щыIакъым Жылагъуэ палатэ, ауэ зэрыжаIэу, «гъуанэ дэлъ къимыгъанэу», дзы здэщыIэм къыщигъуэту, ткIийуэ лэжьащ ЦIыхубэ нэIэр. «Ленин нур»-м мазэ къэс «ЦIыхубэ контроль» (а зэрыщыт дыдэм хуэдэу) напэкIуэцI щызгъэхьэзыру щытащ.
— Еленэ Владимировнэ, жыжьэу къыщIэддзэнщ. СССР-м щыIащ ЦIыхубэ нэIэ. Совет къэралышхуэр зэхэлъэлъэжа нэужь, а жылагъуэ къулыкъури зэбграгъэкIыжащ. Къэралымрэ жылагъуэ утыкумрэ къэнащ зэпыщIэныгъэ здаIа, здызэдэлажьэу щыта Iэмалыр ямыIэжу. Тхыдэ гъащIэ зэхэщIыкIыр къигъэсэбэпри, къэралым къихь унафэхэм цIыхухэр щигъэгъуэзэн, тригъэпсэлъыхьын мурадкIэ, Урысей Федерацэм и япэ Президентым 1993 гъэм унафэ къихьауэ щытащ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэ къызэгъэпэщыным теухуауэ. Мы къулыкъум ехъулIэныгъэкIэ и Iуэхухэр игъэзащIэу къыщыщIэкIым, Жылагъуэ палатэхэр щызэхагъыхьащ урысей хэгъуэгухэми. Си япэ упщIэри абы епхащ. Жылагъуэ палатэр ЦIыхубэ нэIэм и пIэм къиува? ЦIыхубэ нэIэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ зыгуэркIэ зэщхьэщыкIрэ?
— Сэ къыхэзгъэщыну сызыхуейр аращи, Совет зэманым щыIа къулыкъухэм я гъащIэ зэхэщIыкIыр къагъэсэбэпащ Жылагъуэ палатэр щызэхагъыхьэм. НэхъыфIыр къащтауэ, ар нэхъри зэрырагъэфIэкIуэнум пылъщ. Жылагъуэ палатэм иджы бгъэдэлъщ ЦIыхубэ нэIэм иIа хуитыныгъэ лъэкIыныгъэхэр (полномочия). Палатэм и жылагъуэ нэIэр зы лъэныкъуэ гуэркIэ пыбзыкIауэ, нэгъуэщIкIэ унэтIауэ щыткъым. Дэ псоми ди Iуэху хэлъщ, псоми ди хьэлэмэт хыдолъагъуэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, диIэщ псэуныгъэр хъумэнымкIэ, псэупIэкоммунальнэ хъызмэтымкIэ, ветеранхэм ядэIэпыкъунымкIэ, щэнхабзэмкIэ, нэгъуэщI IэнатIэхэмкIэ комиссэхэр. Ахэр хуитщ гукъанэ зыхуаIэ Iуэху псори я нэIэм щIагъэтыну.
Абы щIыгъуу ари къыхэзгъэщыну сыхуейщи, апхуэдэ лэжьыгъэр зыгуэщIыр Жылагъуэ палатэм хэт къудейхэракъым. Дэ кIуэрабгъу зэхуэмыдэхэмкIэ зэгурыIуэныгъэхэр ядоухылIэри, къыдогъэсэбэп депутат корпусри, «ЦIыхубэ фронтри», жылагъуэ организацэхэри, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI экспертхэри. Сыт хабзэкъэгъэщI къулыкъухэм я лIыкIуэхэр лэжьыгъэм дэ къыщIыхэтшэр? Мыбдежым абыхэм я нэкIэ ялъагъу, зыгъэзащIэ къэрал унафэщI къулыкъухэм мыхъумыщIагъэр япкъ къикIами, хабзэ мыхъумыщIэхэм къапэкIуами, абыхэм елэжьыжын хуейми. Ди нэIэм щIэтщ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр. Ар ди пщэ кърилъхьащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир. Мы илъэсыр йокIэ, икIи къулыкъу псоми къэпщытэжыныгъэ ящIынущ, дыщагъэгъуэзэнущ я Iуэхухэр зэрызэкIэлъагъэкIуам. ИлъэсыщIэр къихьа нэужь, дэри гу лъыттэнущ проектхэр дауэ ягъэзэщIами, сыт хуэдэ лъэныкъуэхэр гулъытэншэ хъуами… Жылагъуэ палатэр ЦIыхубэ нэIэм ипIэ къиувауэ, абы и Iуэхухэр пищэу жыпIэ хъунущ.
— Къэрэшей-Черкесым и Жылагъуэ палатэм и зэхэлъыкIэм и гугъу къытхуэщI. Фэ жылагъуэ къэкIуэкIэм иту пщIэншэу фылажьэрэ, хьэмэрэ улахуэ гуэр къыватрэ? — Жылагъуэ палатэр илъэсищ къэс зэ хах, абы хэтхэр зэрахъуэкI, зыгуэрхэри къонэ, нэгъуэщIхэри щIэуэ къыхохьэ. Жылагъуэ палатэм хэтщ цIыху 36-рэ. Ахэр псори я лIыкIуэщ жылагъуэ организацэхэм, ахэр федеральнэуи, хэгъуэгум ейуи, муниципальнэуи ирехъу.
Жылагъуэ палатэм и зы Iыхьэ щанэр республикэм и Iэтащхьэм и унафэкIэ еугъуей, етIуанэ щанэр зэхегъэхьэ Къэрэшей-Черкесым и ЦIыхубэ ЗэIущIэм, ещанэ щанэр зэхегъэхьэ мыбы ипэкIэ лэжьа Жылагъуэ палатэм и зэхуэшэсыгъуэм. Апщыгъуэми, Жылагъуэ палатэм хэтынухэр къыхах зэпеуэ, зэныкъуэкъуныгъэ (альтернативнэ) гъэпсыкIэм иту. Зы щIыпIэм нэрыбгэ зыбжанэ щIобэн. Жылагъуэ палатэщIэм и япэ къызэгъэпэщыныгъэ зэIущIэм деж хех палатэм и унафэщIыр. Абы и унафэкIэ зэхегъыхьэ комиссэхэр, трегъыхьэ абыхэм я унафэщIхэр. Дэ пщIэншэу долажьэ, зыми ахъшэ къыдиткъым. Жылагъуэ палатэм и унафэщIри, абы и комиссэхэм я пашэхэри, псори улахуэншэщ. Дэ цIыхубэм къулыкъу худощIэ, икIи ди къалэнхэр пщIэншэу дгъэзэщIэну дыхьэзырщ.
Апхуэдэщ зэрызэхэтыр Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэри. Ари къыхэзгъэщынщи, Жылагъуэ палатэм хэтхэм псоми я лэжьапIэ IэнатIэ нэхъыщхьэр къахуонэж. Дэ псори дыцIыхущ, бын диIэщ, ди сабийхэр тхуэпэн, дгъэшхэн хуейщ. Ди зэхуэсхэр здедгъэкIуэкIыр дыздэлажьэр Жылагъуэ палатэм и хэщIапIэ нэхъыщхьэм и закъуэкъым. Дэ зэIущIэхэр щызэхыдошэ еджапIэхэми, медицинэ къулыкъущIапIэхэми, районхэмрэ къалэхэмрэ докIуэ, цIыхухэм дахуозэ. АбыкIэ ди республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид гулъытэншэ дигъэхъукъым. Жылагъуэ палатэм щIыпIэхэм щылажьэ и къулыкъухэм я хэщIапIэ, зэхуэсыпIэ унэхэр, пэшхэр яIэжщ.
Дэ ди гуапэу дапожьэ Жылагъуэ палатэ къакIуэхэм, дэри дыхьэзырщ дахуэкIуэну. ИкIи дахуокIуэ, даIуощIэ районхэм, къалэхэм я унафэщIхэм, жылагъуэ организацэхэм я лIыкIуэхэм, къызэрыкIуэ цIыхухэм, гукъанэ зэращI Iуэхухэр зэфIагъэкIынымкIэ дащхьопэ…
— Жылагъуэ палатэр дауэрэ ядэлажьэрэ республикэм и къэрал унафэщIхэм? Апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэм и къыпэкIуэныгъэхэм я гугъу къытхуэщI…
— Дытхьэусыхэну ущхьэгъу диIэкъым. Сэ си Iэнэм телъщ Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщIым, республикэм и Правительствэм и тхьэмадэм, ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэм, комитетхэм я лэжьакIуэхэм, ди министрхэм я телефон номерхэр. Ди Жылагъуэ палатэм и зэIущIэхэм дапщэщи щыIэщ депутатхэр, Сэ срагъэблагъэри сыщыIэщ Парламентым и комитетхэм я зэIущIэхэм, сессиехэм. Апхуэдэ къабзэу, дэ дахуэарэзыщ ди республикэм и ХэхакIуэ комиссэми, абы и зэIущIэхэми сыкIуэ хабзэщ.
ХэхакIуэ комиссэми зэгурыIуэныгъэ дэтщIащ зэдэлэжьэныгъэм теухуауэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ди бжэхэр сыт щыгъуи яхузэIухащ зыгъэзащIэ къэрал унафэщI къулыкъухэм, хабзэкъэгъэщI, хабзэхъумэ къулыкъухэм, езыхэри къытщогуфIыкI дахуэкIуэмэ. Дэ унафэщI къулыкъухэр щыдгъэгъуэзэфынущ икIи щыдогъэгъуазэ мыхъумыщIагъэ зыхэтлъагъуэ Iуэхухэм. КъыпэкIуэныгъэ иIэу длэжьа Iуэхухэм я гугъу тщIымэ, дэ нэхъыбэу дызыпэщIэхуэр псэупIэ-коммунальнэ къулыкъухэм я лэжьыгъэм теухуа тхьэусыхэхэращ. Унащхьэхэм псы зэрыпхырыкIыр, щIыунэхэм псы зэрилъэдар…
Иужьрейуэ едгъэкIуэкIа зэIущIэхэм ящыщ зым а Iуэхугъуэр къэтIэтауэ щытащ. ЦIыхухэр къытхуотхьэусыхэ гъуэгухэм я IуэхукIэ, гъуэгухэр зэтегъэпсыхьынымкIэ, абыхэм асфальт ятелъхьэнымкIэ. Зыкъытхуагъазэ нанухэр сабий IыгъыпIэхэм ягъэкIуэнымкIэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, зы сабий IыгъыпIэм ирагъэкIыу, нэгъуэщIым ягъэкIуэжынымкIэ дащхьопэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, абыи гугъуехь щхьэхуэхэр пыщIащ…
Зыкъытхуагъэзащ, уэрамхэм жэщ уэздыгъэхэр тегъэувэнымкIэ, СВО-м хэтам лэжьапIэ IэнатIэ къыхуэгъуэтынымкIэ. Псапэ Iуэхухэри лъэныкъуэгъазэ тщIыкъым. Жылагъуэ палатэм хэтщ псапащIэ фондхэм я унафэщIхэр. ЕджапIэхэм я «шынагъуэншагъэ паспортхэм» я Iуэхухэр зыдохуэ. Нэмыгъэсыныгъэхэр, нэмыплъысыныгъэхэр къыщыхагъахуэ дыпэщIохуэ сабий IыгъыпIэхэр щызэрагъэ зэхуэжкIэ. Зэгъэзэхуэжыныгъэр езыгъэкIуэкIа подрядчикым зыпыдощIэри, мыхъумыщIагъэхэр идогъэгъэзэкIуэж. Иужьрейуэ зетхуа Iуэхухэм ящыщщ уэрамхэм финархэр (светофорхэр) щыгъэувыныр, щыгъэлэжьэныр. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, ди нэIэм щIэту финар щагъэуващ Октябрьскэ уэрамым.
— Иджы сыт хуэдэ къалэнхэр къыпэплъэрэ Жылагъуэ палатэм?
— Зэгуэрми IэщIыб дымыщI, лъэныкъуэ едмыгъэз къалэнхэм ящыщщ социальнэ Iуэхухэр. Абы щIыгъущ СВО-м хэтхэмрэ я унагъуэхэмрэ я Iуэхухэр зетхуэныр, ахэр зыхуэныкъуэхэмрэ зыхуэкъуагуэхэмрэ зэхэдгъэкIыныр. Ар зэгуэрми ди нэIэм щIэдгъэкIкъым. Къытпэплъэ Iуэхухэм ящыщщ Жылагъуэ палатэм и лэжьыгъэр хъыбар IэмалхэмкIэ хэIущIыIу тщIыныр, абы цIыхухэр нэхъ фабгъуэу щыгъэгъуэзэныр…
— Сайт вгъэлажьэкъэ? — Догъэлажьэ. Арами, газетхэми, блогерхэми дадэлэжьэн хуейуэ къыдолъытэ. Дыпылъщ ди лэжьыгъэр едгъэфIэкIуэну, ди рейтингыр нэхъ лъагэу къэтIэтыну. Къалэну зыхуэдгъэувыжат Жылагъуэ палатэ нэхъыфIхэм я ТОП – 10-м дыхыхьэну. ИкIи мис иджы дыдэ Москва къикIри хъыбар гуфIэгъуэ къытIэрыхьащ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэ нэхъыфIи 10-м дызэрыхэхуам теухуауэ… Ар дэркIэ ехъулIэныгъэшхуэщ, иджырэ къыздэсым апхуэдэ ди насып къихьатэкъым. Нэгъабэ дахыхьат Урысей Федерацэм и Жылагъуэ пэрыт нэхъыфI 20-м. Иджы дыпылъынущ илъэс къакIуэм ТОП -10-м дыкъыхэнэным, ипэкIэ дыкIуэтэным. — Иджы Жылагъуэ палатэ нэхъыфIитхум –ТОП-5-м фыхэхуэн хуейщ…
— Тхьэм жиIэ, Тхьэм жиIэ…
— Я гугъу къытхуэщI Жылагъуэ палатэм щылажьэ, абы къыдэлажьэ цIыхухэм.
— Жылагъуэ палатэм щолажьэ жэуаплыгъэр зэхэзыщIэ цIыху хьэлэмэтхэр. Гочияев Борис Хьэжы-Ахъмэт и куэр хэткIи щапхъэщ.Ди нэхъыжьщ, куэд зылъэгъуа, гъащIэ зэхэщIыкI ин зиIэщ. Абы къызэрилъытэмкIэ, псори зэхэпкъутэу, абы ипIэкIэ щIэ къыпхузэгъэпэщынукъым. Сэри къызолъытэ: зыри щIызэхэткъутэн щыIэкъым. ЩапхъэфIхэр зыхэдубыдэн, къэдгъэсэбэпын хуейщ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, Совет зэманым IэмалыфIхэр къагъэсэбэпу щытащ. Мис, Гочияев Борис зыщыдигъэгъэгъупщэкъым совет зэхэтыкIэм фIыуэ хэлъахэр. АдэкIэ, Псэун Аслъэн Iэуес и къуэр. Ар нэгъуэщI си къуэдзэщ, щIэныгъэрэ гъащIэ зэщIыкIрэ зиIэ юристщ.
Ари къыхэзгъэщыну сыхуейщи, ЦIыхубэ ЗэIущIэм хабзэхэр къащтэным ипэкIэ, абыхэм ящыщ куэдым я проектхэр Жылагъуэ палатэм къагъакIуэ, деджэн, зэхэдгъэкIын папщIэ. Абыхэм дэ доджэри, юридическэ и лъэныкъуэкIэ уасэ ядот. А лэжьыгъэр зэрыщыту хьэкъыпIэкIэ ипщэ дэлъщ Псэун Аслъэн. Хэт тхьэусыхакIуэ къытхуэмыкIуэми, Псэун Аслъэн зы цIыхуи хьэтырыншэу къигъанэкъым. И гъусэу макIуэ тхьэусыхэр зыхуэгъэза организацэм – прокуратурэм, хьэкумым, нэгъуэщI къулыкъущIапIэм. ЦIыхум и закъуэ а псори хуэгуэщIынукъым, пщIэ щIитын къыхудэхуэнкIи шынагъуэ щыIэщ. Куэдым уэчыл къащтэну лъэкIыныгъэ яIэкъым. Псэуным пщIэншэу зэфIегъэкI цIыхур зыхуейр псори, арэзыуэ еутIыпщыж. Щербинэ Еленэ – ар политологщ. Ар федеральнэ мыхьэнэ зиIэ экспертщ. Ар и пашэщ ди республикэм и политикэ щытыкIэр аналитикэ бгъэдыхьэкIэкIэ зэхэзыгъэкI эксперт гупым. Лъыс Азэмэт ди лIыкIуэу пыщIащ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм. ИкIи хуабжьу ди гуапэ хъуащ федеральнэ Жылагъуэ палатэм щрагъэкIуэкIа форум иным Азэмэт къызэрыщыпсэлъар, абы ди Жылагъуэ палатэр республикэм и тхыдэ фэеплъыр хъумэным зэрыпылъыр къызэрыщиIуэтар. Жылагъуэ палатэм хэт псори гъерэтыфIэу мэлажьэ.
— Иджыри зыгуэрым гу лъыстащ. Кавказскэ, Демиденко уэрамхэм я зэхыхьэпIэ плIанэпэм фыщыщыIамрэ иджы Калантаевскэм фыздэщыIэмрэ зызогъапщэри, мыбдежым нэхъ зэву къысщохъу. Абы къинэмыщIауэ, япэм фыздэщыIам деж щIыхьэпIэр щIыхьэпIэт, жьантIэр жьантIэт. Иджы зэпыгъэза хуэдэу хъуащ, жьантIэр щIыхьэпIэмкIэ къэфхьащ. Апхуэдэу тынш? — Ди къулыкъу унэхэр, пэшхэр бэджэнду къыдощтэ. ДыздэщыIам дыкъыщIэкIыжын хуей хъуащ. Мы дыкъыздэкIуэжари япэрейм и къэухькIэ къызэрыщхьэщыкI щIагъуэ щыIэкъым. ЖьантIэмрэ къыщIыхьэпIэмрэ зэблэтхъун къытхудэхуащ, баннерхэр, нэгъуэщI нэрылъагъу Iэмалхэр фIэтлъхьэныр мыпхуэдэу нэхъ тыншти.
— ФэркIэ зэрынэхъ тыншым хуэдэу фщIащи, ари хъунущ. Тхьэм фи лэжьыгъэр къывигъэхъулIэ, фи мурадхэр къывдигъэхъу.
Епсэлъар ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.