ЩIыуэпсым и ухуэныгъэ Бгы гъуанэжь

«Бгы гъуанэжь» жыхуэтIэр Хьэбэз районым хыхьэ Хьэгъундыкъуей къуажэм щыIэщ. СэмэгурабгъумкIэ укъекIуэкIрэ и щхьэм удэкIуеймэ, бгы гъуанэм и щыгу утоувэ. ЩIыуэпсым къигъэщIа мы ухуэныгъэ телъыджэм ди сабиигъуэм мащIэкъым дызэрыщхьэщыхьар. Гъуэмылэ такъыр здэтщтэти, хьэблэ цIыкIухэр абы дыдэкIыу, хьэуа къабзэ щытшэу щытащ. Мис ди щIалэгъуэр дигу къэдгъэкIыжу бгыгъуанэжь и щыгум доувэ. А дакъикъэхэм согупсыс: «нэпкъым мыпхуэдэ гъуанэшхуэр къыхэщIыкIа…

Читать далее

Дунейм ехыжащ Хэку зауэшхуэм и ветеран, журналист, тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Даур Жэхьфэр Ахьмэд и къуэр

Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид яхуэщыгъуащ республикэм и журналист цIэрыIуэ ДАУР Жэхьфэр Ахьмэд и къуэр дунейм зэрехыжам папщIэ, абы и унагъуэм, и лъэ пкъым, и Iыхьлыхэм. «ГущIыхьэ хъыбар къытIэрыхьащ. Дунейм ехыжащ Хэку зауэшхуэм и ветеран, журналист, тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ, цIыху хэкупсэ, пщIэрэ щIыхьрэ зыхуэфащэу къытхэта Даур Жэхьфэр Ахьмэд и къуэр. Абы илъэс 50-м щIигъукIэ…

Читать далее

МафIэс шынагъуэншагъэ

Къэрэшей-Черкес Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ къэхъуагъэххэхэм я зэраныр гъэзэкIуэжынымрэкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ Комиссэм 2025 гъэм гъатхэпэм и 6-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщахьа унафэр гъэзэщIэным и къэухьхэм иту, Хьэбэз муниципальнэ районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Унэжь Олег зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ МЧС-м и Хьэбэз район къуда мэхэр мафIэс шынагъуэ къыщыхъей гъатхэ-гъэмахуэ пIалъэм мэз, губгъуэ мафIэсхэр…

Читать далее

Нарт эпосыр —джэгукIэкIэ

Мыекъопэ къэралыгъо технологическэ университетым щеджэхэрэм нарт лIыхъужъхэр зыхэтыщт видео джэгукIэ къаугупшысыгъ. «Обучение служением» зыфиIорэ программэм ар къыдыхэлъытагъ. Ащ ипроект Урысые зэнэкъокъоу «Инносоциум» зыфиIорэм хэлажьэ ыкIи икIэух едзыгъо нэсыгъ.IофшIэгъэ 1305-мэ анахь дэгъоу къахахыгъэмэ ар ащыщ хъугъэ. «Урысыем ыпс: лъэпкъхэм якультурэрэ яшэн-хабзэхэмрэ якъэухъумэн» зыфиIорэ лъэныкъомкIэ социальнэ проект дэгъоу къыхагъэщыгъ. Пстэуми анахь дэгъу хъущтмэ аужырэ едзыгъом къыгъэлъэгъощт. ДжэгукIэм…

Читать далее

«Зы псэ, зы бзэ, зы хабзэ»

ЛъэпкъыбзэхэмкIэ Къэралыбэ Махуэм ехъулIэу, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт «Золушка» сабий IыгъыпIэм «Зы псэ, зы бзэ, зы хабзэ» щхьэщIэдзапIэм щIэту, пшыхь щекIуэкIащ. Абы кърагъэблэгъащ Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Сидакъ Жаннэ, методист Тхьэгъэпсэу Фатимэ, къуажэм и нэхъыжьхэм я советым, адэ-анэхэм я комитетым хэтхэр. Дауэдапщэм и мурад нэхъыщхьэу щытар адыгэбзэмрэ щэнхабзэ щIэинхэмрэ хъумэныр, сабийхэр…

Читать далее

КIапсэншэ интернетыр

Къэрэшей-Черкесым и еджапIэу хъуар 2030 гъэм нэс кIапсэншэ интернеткIэ къызэрагъэпэщынущ.Апхуэдэ лъэкIыныгъэр щыIэ хъуащ УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ зэхагъэува «Экономика данных и цифровая трансформация» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ.Мыбы ипэкIэ, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым и къэухьым къриубыдэу, Къэрэшей-Черкесым и еджапIэхэр псынщIагъышхуэ зиIэ интернетрэ зэманым декIу бжыгъэ оборудованэрэкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ.«Дзыхь зэбгъэз хъун, тынш, псом я нэхъыщхьэжыр…

Читать далее

БлэкIам и фэеплъу

ГъущI ахъшэ зэхуэхьэсынымкIэ «ЩIэблэ арэзыхэм я фIыщIэ мыкIуэщIыр» зи фIэщыгъэцIэ акцэр республикэм щыпсэухэм къахузэригъэпэщащ Байчоровэ Марие и цIэр зезыхьэ, тхыдэ-щэнхабзэ, щIыуэпс музей-къуэдмэзым.Абы хэтахэм яхузэфIэкI къамыгъанэу мы IуэхуфIым хэлъхьэныгъэ хуащIащ. Зэхуахьэса ахъшэр фэеплъым и зы Iыхьэщ, абы къегъэлъагъуэ Хэку зауэшхуэм и фэеплъыр хъумэнымкIэ псоми ди зэхуэдэ къалэныр зэрыдгъэзащIэр.Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид мы проект гъэщIэгъуэныр игу…

Читать далее

Бзылъхугъэ насыпым и лъагъуэхэш

Балигъ ущыхъуа зэманым IэщIагъэ пхуэхъунур къыхэхынымкIэ уи щхьэ къыхуэпхьыж унафэм куэдкIэ елъытащ уи гъащIэ псор зэрыбгъэкIуэнур. ФIыуэ плъагъу Iуэхур къыхэпхамэ, шэч хэлъкъым абы нэхъри удихьэхыурэ зэрыкIуэнум. Борсэ Фатимэ дохутыр IэщIагъэр къыхэхыным куэдрэ егупсысакъым. ЕджапIэр дыщэ медалкIэ къэзыуха пщащэм триубыдащ медицинэм, икIи зэи абы хущIегъуэжакъым. — Сэ совет зэманым сыхиубыдащ. Апщыгъуэм хъыджэбз цIыкIухэм папщIэ пщIэ зиIэ…

Читать далее

«IэпщIэлъапщIэхэр — 2025»

ЧЕРКЕССК къалэм дэт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ педколледжым щекIуэкIащ «Профессионалы — 2025» IэщIагъэ IэкIуэлъакIуагъэмкIэ чемпионатым и хэгъуэгу Iыхьэм и япэ махуэр.Эксперт-методист КIыщ Аминэ Мухьэмэд и пхъум дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, зэпеуэр махуищкIэ екIуэкIынущ, абдеж щызэныкъуэкъунущ Черкесск къалэм дэт е 6-нэ, е 8-нэ, е 9-нэ, 12-нэ, 13-нэ курыт еджапIэхэм щекIуэкIа отборочнэ Iыхьэм щытекIуа ныбжьыщIэхэр….

Читать далее

ДэIэпыкъуэгъу десант

ПсапащІэ, дэІэпыкъуныгъэ Іуэхур еджэным къыкІэрымыхуу, зэдэгъэкІуэныр хабзэфІ хуэхъуащ Черкесск къалэм дэт Ищхъэрэ-Кавказ къэрал академием. Езым и дапІэ лабораторэ къызэрагъэпэщауэ, зауэлІхэм зэманым тегъэпсыхьа щыгъынхэр, тепІэнщІэлъынхэр хуад. Ахэр псори егугъуу ашычхэм ирагъэзагъэурэ, щхьэж и унэтІыпІэкІэ зэбграгъэкІ. КъинэмыщІауэ, академием хабзэфІ щыхъуащ и студентхэр Тэн-Іут-Ростов госпиталым кІуэуэ, абы щылажьэ дохутырхэм ябгъурыту, уІэгъэ хъуауэ зауэ сымаджэщым щІэлъ сэлэт-хэм, зауэлІхэм яІэзэныр….

Читать далее