Шымрэ зодиак нагъыщэхэмрэ

Щхьэж къыщыхъуа гъэ елъытакIэрэ, хэти езым и зодиак нагъыщэ иIэщ. МафIэш Плъыжьыр дэтхэнэми зэхуэмыдэурэ япыкъуэкIынущ илъэс къихьэнум. Девгъэплъыт, хэт зыхуэупсэнур, хэт зыхуэткIиинур? ОВЕН. 2026 илъэсыр хунэсыныгъэ, зичыныгъэ лъэрыхьхэм теухуауэ щытынущ. ФыкъемыплъэкIыу ипэкIэ фыкIуатэ, фи мурадхэр зэвгъэхъулIэным фи лъэкIыныгъэ псори къыхуэвгъэсэбэп. ГуащIэдэкI ехъулIэныгъэхэр къыфпоплъэ. НыбжьэгъущIэхэр, нэIуасэщIэхэр гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ къэвгъуэтынущи, хэт ищIэрэ, фи гъащIэм и зэпыгъэзапIи хъункIэ…

Читать далее

ГъэщIэгъуэнщ

1666 гъэр — МафIэшым и Илъэсу щытащ. А гъэ дыдэм Лондон мафIэс ин дыдэ къыщыхъуауэ тхыдэм хыхьащ. Ди лIыщIыгъуэм и 406 гъэ— книжник Маштоц Месроп армян алыфбей къигъэщIащ. Ар Шы Плъыжьым и гъэт. 1547 гъэ — Грознэ Иван и тепщэгъуэм урысей топхэр (пушкэхэр) ягъэжауэ щытащ. Нэхъ гъунэгъуу дыкъэIэбэнщи, 1966 гъэр Китайм и тхыдэм хыхьащ социальнэ…

Читать далее

Хэт ди бжэщхьэIум къытеувар?

Къэсыпащ, ди бжэщхьэIум тетщ 2026 ИлъэсыщIэр. Ар къызэрымыкIуэ зыщIынур МафIэш Плъыжьращ. А псэущхьэм и гъэр къыщихьэр илъэс 60-м деж зэщ. Къихьэну илъэсым и нагъыщэ нэхъыщхьэу щытынущ лIыгъэр, хэлъэт — жыджэрагъыр, гъащIэм хуэнэхъуеиншэныр. А псоми къикIыр аращи: иджырэ къэс фызытемыгушхуэфа лъэбакъуэр фчыным и пIалъэщи, фи псэр зыщIэхъуэпсам фыхуэкIуэ, фыздэкIуэ лъэныкъуэр фхъуэжынми фытегушхуэ, фызрикIуэ гъуэгур нэфхусарэ къэуатыншэ…

Читать далее

Гъагъэ, щIэращIэ, ди «Черкес хэку»

Мыпхуэдэ щхьэщIэдзапIэм щIэту Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид и цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэм дерс-зэIущIэ щызэхашащ. Абы и къызэгъэпэщакIуэу щытащ адыгэбзэр хъумэным фэрыщIыгъэ зыхэмылъ псэемыблэжыныгъэ къару хэзылъхьэ егъэджакIуэхэр, лъэпкъыбзэм, лъэпкъ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щIэблэр дезыгъэхьэх Абдокъуэ Фатимэрэ КIэдэкIуей Ларисэрэ. Республикэм, уеблэмэ адыгэ зыщыпсэу нэгъуэщI хэгъуэгухэм щекIуэкI лъэпкъыбзэ, лъэпкъ литературэ Урысейпсо олимпиадэхэм, адыгэбзэм теухуа егъэджэныгъэ-щIэныгъэ зэхыхьэхэм мы…

Читать далее

Хэкупсагъэм хуагъасэ

Хэкум и ЛIыхъужьым и Махуэм ипкъ иту, Росгвардием и Управленэм и вневедомственнэ хъумакIуэхэм хэкупсэ дерс щрагъэкIуэкIащ Черкесск къалэм дэт, зи № 15 курыт еджапIэм. Абы къыхашащ егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, уеблэмэ адэ-анэхэр. Полицэм и майор Эркеновэ Марьянэ еджакIуэхэм я пащхьэм къыщыпсалъэм гу лъитащ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм псэуахэм зэрахьа лIыхъужьыгъэхэр хъумэным къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ зэриIэм. Къытепсэлъыхьащ а махуэщIым пкъырылъ мыхьэнэм,…

Читать далее

«Сэр сэру сызекIуэным сыщIохъуэпс!»

Жьакуэ къуажэм щыщ Бахътырхэ я унагъуэм къихъухьа хъыджэбз цIыкIур мази 8 щрикъуам, дохутырым «ДЦП» диагнозыр хуигъэуват. АкъылкIи псэкIи абы уеувэлIэныр къызэрымыкIуэу хьэлъэт адэ-анэм я дежкIэ. Ауэ унагъуэм щIэс нэхъыжьхэм — нанэ-дадэм, зы дакъикъи ягъэгужьеякъым ныбжьыщIэхэр: «Тхьэшхуэм къыщыттрилъхьакIэ тхьынщ. Уэ нысэ, плъэкI къомыгъанэ!» — жраIащ сабийм и анэм/ Абдеж щыщIадзащ Бахътырхэ къахуэхъуа сабийм и гъащIэм щIэбэнын….

Читать далее

Ди гушхуапIэу, ди лицей!

Дэтщ Хьэбэз къуажэм Хъупсырокъуэ Екатеринэ и цIэр зезыхьэ лицей-интернатыр. Дэ абы дыщоджэ. Лицейр зыми хуэмыдэу егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ гулъытэ егъэ- лея здыхуащI егъэджэныгъэ IуэхущIапIэщ. Мыбдеж еджакIуэ цIыкIухэм щIэныгъэ зэры- щызрагъэгъуэтым къинэмыщIауэ, я творческэ зэфIэкIхэми зыщрагъэужь. Лицейм щы- тепщэщ зэгурыIуэныгъэр, пщIэ зэхуэщIыныгъэр икIи еджакIуэхэм ди зэхущытыкIэхэм нэхъри къару къытхелъхьэ лъагапIэщIэхэм дыхущIэкъуным. Лицейр къыддоIэпыкъу дэ балигъ гъащIэм зыхуэдгъэхьэзырыну,…

Читать далее

Дзюдоми Адемыркъан щыпашэщ

ХъыбарыфI дыдэ къытIэрыхьащ ди лъэпкъым къыхэкIа спортсмен лъэрыхь, самбист цIэрыIуэ, Ботэщей къуажэм щыщ ТАМБИЙ Адемыркъан хуэгъэзауэ. АтIэ, щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 13-16 махуэхэм Краснодар къалэм щекIуэкIа, зи ныбжьыр илъэс 21-м нэс спортсменхэр зыхэта, дзюдо спорт лIэужьыгъуэмкIэ Урысейм пашагъэр къыщыхьыным хуэгъэза спорт зэхьэзэхуэ иным япэ увыпIэкIэ къыхэжаныкIащ Москва къалэм къыбгъэдэкIыу зэпеуэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа ди лъэпкъэгъу самбист, дзюдоист цIэрыIуэр….

Читать далее

Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ

Нарт эпосым адыгэ лъэпкъымкIэ мыхьэнэуэ иIэр иджыри нэгъэсауэ къыдгурыIуэу къыщIэкIынкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и нэхъыбэм ар таурыхъ дахэу фIэкI зыхащIэкъым, абы игъащIэм емыджэхахэри къытхэтщ, жагъуэ зэрыхъущи. Ауэ дэ къызэрытлъытэмкIэ, Нарт эпосым щэху куэд дыдэ щызэхуэхьэсащ. Ахэр нобэ псэухэм къызэрыдгурымыIуэрауэ къыщIэкIынщ эпосым Iэпэдэгъэлэлу дыщIыхущытри. Арами, эпосым нэхъ набдзэгубдзаплъэу ухэджыхьын щIэбдзэмэ, а зи гугъу тщIа щэхухэр гъунэжу…

Читать далее

Гуманитар дэIэпыкъуныгъэ

Усть-Жэгуэтэ районым, Хэкум и зауэлIхэм я Комитетымрэ Урысейм и бзылъхугъэхэм я Зэгухьэныгъэмрэ и гъусэу, зауэ операцэ хэхам щыIэ ди къулыкъущIэхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэ хурагъэшащ. Ахэр щызэхуахьэсащ Урысейм и бзылъхугъэхэм я Зэгухьэныгъэм и Къэрэшей-Черкес хэгъуэгу къудамэм зэхиша форумым ипкъ иту ирагъэкIуэкIа мастерклассхэм деж. Ди щIалэхэм хуаутIыпща тхылъымпIэ ашыч цIыкIу къэс витамин зэхэлъхэм, щIытI уэздыгъэхэм, къэзыхъумэхэм я мызакъуэу,…

Читать далее