ФIыуэ флъагъухэр зыщывмыгъэгъупщэ
Новеллэ Хьэмыщэ фIэфIт и благъэ дадэмрэ нанэмрэ щIэупщIакIуэ яхуэкIуэну, уэршэру ябгъэдэсыну. «ЩIэупщIакIуэ» щыжиIэкIэ, ахэр сымаджэу аратэкъым. Тхьэм и шыкуркIэ, ахэр узыншэт, лъэрытетт, я щхьэ Iуэху ящIэжыфт, я бынхэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэ ящыгуфIыкIыу, зи дэкIуэгъуэр дагъакIуэу, зи къэшэгъуэм кърагъашэу псэут. Хьэмыщэ иужэгъутэкъым, куэд къэзыгъэщIа, куэд зылъэгъуа мы цIыху лъагъугъуафIэхэр. Езы лIыжь фызыжьри къыщыгуфIыкIт, ямыгъэхамэу, я бын дыдэхэм…