Хабзэр зыгъэзащIэр щыуэкъым

Дунейм къыщыхъу хьэргъэшыргъэхэм, зэтемыгъэпсыхьа псэукІэм, нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэми къыхэкІыу, иужьрей илъэсхэм «миграцэ» псалъэм и мыхьэнэр нэхъри хэхъуащ икІи абы гулъытэ хэха хуэтщІыну хуэфащэщ. Дызыщыпсэу хэгъуэгур къэтщтэнщи, мащІэкъым Къэрэшей-Черкесым мигранту щыпсэур: узбекхэр, таджикхэр, азербайджанхэр, индусхэр… Хэти йоджэ, хэти мэлажьэ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкІэ къытхуэкІуауи ирехъу, миграцэ нэІэм щІэту, я зэхэзекІуэр миграцэ къулыкъухэм щыщІэтхауэ щытыпхъэщ. Миграцэ нэІэ и лъэныкъуэкІэ…

Читать далее

Адэм и Iуэхур къуэм пещэ

ЧЕРКЕССК къалэм дэт уней тхылътедзапIэ нэхъ инхэм, лъэкIыныгъэ нэхъ зиIэхэм ящыщщ Джатэ Хьисэ и унафэм щIэту лажьэр.Абы зыхуэзгъэзэным ипэ къихуэу, сеплъащ тхылътедзапIэм зи Iуэху зыхузэфIигъэкIа цIыхухэр абы и сайтым деж къызэрыпэджэжам. Зым етх: «Мыхэр зи Iуэхум нэгъэсауэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIщ!! (джэ нагъыщитI зэрыщытым къегъэлъагъуэ цIыхур хуабжьу зэрыарэзыр). Ди Iуэхухэр щIэх дыдэ икIи фIагъ лъагэ иIэу тхузэфIагъэкIащ….

Читать далее

Быныбэ унагъуэхэр —статистикэ нэIэм

Мазаем и 20-м Къэрэшей-Черкес хэгъуэгу Статуправленэм республикэм и цІыхубэ хъыбарегъащІэ Іэмалхэм я журналистхэм зэІущІэ ядригъэкІуэкІащ. — Псом япэу, журналистхэм фІыщІэ фхуэсщІыну сыхуейщ сыт щыгъуи фыкъызэрытпэджэжым, ди зэдэлэжьэныгъэ купщІафІэм и цІэкІэ. ЦІыхубэм, жылагъуэм статистикэ бжыгъэхэр, екІуэкІ Іуэхухэр яцІыхун хуейщ икІи абы и лъэныкъуэкІэ къызэрымыкІуэу дэІэпыкъуэгъуфІ фохъу. Ди нобэрей зэІущІэм щыдгъэнэІуэну дыхуейщ Управленэр зыхэт иужьрей лэжьыгъэр. Ар…

Читать далее

Гъунапкъэхъумэхэр

ФСБ-м Къэрэшей-Черкес Республикэм щиІэ гъунапкъэхъумэ Управленэм мазаем и 17-м къекІуэлІащ зи къулыкъу щІэгъуэ нэсауэ ираджа зауэлІ къулыкъущІэхэр. ЖыІэпхъэщи, Къэрэшей-Черкес гъунапкъэхъумэ Управленэм къулыкъу щезыхьэкІыну къекІуэлІа етІуанэ гупщ мыр. Япэ гупыр нэгъабэ жэпуэгъуэ мазэм къеблэгъауэ щытащ. — Нобэ фи гъащІэм щыщ лъэбакъуэщІэ фчынущ — зауэлІ къулыкъум фыхыхьэнущ. Шэч къытесхьэкъым, учебкэхэм нэхъри зыщыфпсыхьащ икІи вджар, зызыхуэвгъэсар иджы къыфщхьэпэжынущ….

Читать далее

IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ

Ди республикэр бейщ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэм мылъкукIэ, юридическэкIэ, нэгъуэщI IэмалхэмкIэ зыщIагъэкъуэну хьэзыр цIыху гумызагъэхэмкIэ. Апхуэдэм деж гъерэтыфIэу цIыху щхьэхуэхэм ящхьэпэн щхьэкIэ, зэрыубыдын хуейщ фондхэмрэ мысату организацэхэмрэ. ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэным зи Уставыр тещIыхьа псапащIэ фондхэм я лIыкIуэхэр IущIащ Къэрэшей-Черкесым цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и Уполномоченнэ Умалатовэ Заремэ.ЗэIущIэм хэтащ «Российский детский фонд» Урысейпсо жылагъуэ псапащIэ фондым и…

Читать далее

Адыгэ лъэпкъым и ЛIыхъужь

Белгород областым хыхьэ Березовкэ жылагъуэм щыпсэуащ, Хэку зауэшхуэм и ветеран Войкин Дмитрий. Зауэр зыпэщIэкIа ветераным, Хэку зауэшхуэм и кIыхьагъкIэ десанту хэта лIым и бгъэм щылыдт «За боевые заслуги», «За взятие Вены», «За победу над Германией» медаль лъапIэхэр. Ауэ, сыткIэ дэ къыдэхьэлIа Белгород областым щыпсэуа зауэлI — ветераныр?.. Войкин Дмитрий, зэрыжытIауэ, десант частым хэтащ. Интернетым, шэч…

Читать далее

ЩIэблэхэм фэеплъыр яхъумэ

ХЭКУ ЗАУЭШХУЭМ и илъэс 80-м хуэкІуэу хэкупсагъэ, лъэпкъыпсагъэ жыІэгъуэр еджакІуэхэм къазэрыгурыІуэм, абы теухуауэ ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэм зыщыдгъэгъуазэмэ ди гуапэу деблэгъащ ПсэукІэДахэ къуажэ курыт еджапІэм. Абы и ещанэ къатым дыдокІуей. Нэгум къыщІоувэ къатым и ІыхьэфІ зыубыда фэеплъ теплъэгъуэр, блыным пылъ стенд абрагъуэхэр. Абыхэм тегъэпщІа сурэтхэр куэдщ, ауэ ахэр апхуэдизымкІэ зэхэгъэкІащ, щхьэж зэхьэлІа къэхъукъащІэрэ зэманкІэрэ зэкІэлъыхьащи, тхыдэм тыншу…

Читать далее

Зэкъуэшхэр — зы къарууэ

Хэку зауэшхуэр къыщежьам Совет Союзым и цІыхубэр зы унагъуэм — Хэкум — и быну, зы къару лъэщу пэщІэуващ бийм. Аращ Урысей уардэм и хабзэр — и хуитыныгъэм, и гъунапкъэм къеныкъуэкъум хуэфащэр егъэгъуэтын. Апхуэдэ къабзэщи, къащІэкІуэнукъым украин нацистхэми, 1941-1945 гъэхэм нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакІуэхэм къазэрыщІэмыкІуам хуэдэу. Ар махуэ къэс я лІыгъэкІэ, я хахуагъэкІэ наІуэ ящІ СВО-м щыІэхэм, ди…

Читать далее

Гуапагъэ

ХабзэфI зэрыхъуауэ, ныбжь дахэм нэса, зи илъэс 90-р зыгъэлъапIэ жьыщхьэмахуэхэр властым гулъытэ щхьэхуэкIэ къыхегъэщ, я щIыхьыр егъэлъапIэ. Иджы дыдэ и ныбжьыр илъэс 90 ирикъуащ АлиБэрдыкъуэ къуажэм дэс бзылъхугъэ нэхъыжь Iумахуэм — Щокъарэ Тоня Iэмин и пхъум. Я къуажэгъу бзылъхугъэм и махуэщIымкIэ ехъуэхъуну Щокъарэхэ я унагъуэм а махуэм еблэгъащ АлиБэрдыкъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Иуан Русланрэ…

Читать далее