Бабырэ и гъыбзэ
Кавказ зауэжьым и гуауэр къызылъыса адыгэхэм нэпсу щIагъэкIар зэхэлъэдамэ, дунейр щIигъэнэнт. Иджыр къыздэсым «ИстамбылакIуэ» гъыбзэр хэт зэхихми, зигу къызэфIэмынэ бгъуэтынкъым. ИгъащIэи и Iыхьлыхэр зымылъагъужыну бзылъхугъэм хьэдагъэу ихьащ. И гуауэ мыухыжыр къызыхэщщ мы гъыбзэжьым щIэлъ макъамэ гуузымрэ псалъэ нэщхъейхэмрэ. Дунейм адыгэу тетым зэхахащ ар икIи яцIыху. Кавказ зауэжьым и гуауэдэх гъыбзи нобэ хъужащ. Мы тхыгъэмкIэ фыщызгъэгъуэзэну…