ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ
Зи гугъу фхуэсщIыну лIым и цIэр жыпIэмэ, ди псыхъуэм дэсу ар зыцIыхуахэм я нэгум гуфIэгъуэ гуэр иболъагъуэ, и хъыбарыфIи къыбжаIэжыфынущ. Ар МЫКIЫТIЭ Аюбщ. Псоми зэрацIыхур и анэцIэ «Аюбэщ». А лIым хэлъащ гушыIэ дахэ, къызэринэкIащ IуэхущIафэ екIухэр, бгъэдэлъащ акъыл жан. ЩыIэкъэ цIыху зыгуэр жиIэмэ дыхьэшхыжу? Аюбэ апхуэдэтэкъым. Зыхэт гупым, и псэлъэгъухэм акъыл къызыхахын, я гур къэзыIэтын,…