ЩIэныгъэлIым хиша гъуэгуанэм

Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес къэрал университетым «Клычевские чтения -2025» лъэпкъзэпх щIэныгъэ-практическэ конференцэ щекIуэкIащ. Ар илъэс къэс зэхашэ хабзэщ, университетми, республикэм и егъэджэныгъэми хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа егъэджакIуэшхуэ, щIэныгъэлI КЪЛЫШ РэIуф и фэеплъыр ягъэлъапIэу. Кълыш РэIуф Нухь и къуэр (1934-1993) зи гъащIэмрэ зи щIэныгъэ лэжьыгъэмрэ тхыдэм, кавказыбзэхэр, псом хуэмыдэу абазэбзэр джыным тезыухуа щIэныгъэлI щэджащэщ. Абы и…

Читать далее

Анэмрэ щэнхабзэмрэ я мыхьэнэр

Къэрэшей-Черкесым и Жылагъуэ палатэм щекӀуэкӀащ «Анагъэмрэ щэнхабзэмрэ: сабийхэр хабзэхэмрэ щӀэинхэмрэкӀэ гъэсэныр» темэм теухуа, «Ӏэнэ хъурей» щӀыкӀэм тету зэхаша зэӀущӀэ. Абы къызэхуишэсащ Министерствэ зэхуэмыдэхэм я лӀыкӀуэхэр, экспертхэр, егъэджакӀуэхэр, психологхэр, щэнхабзэм и лэжьакӀуэхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ щӀэблэр гъэсэнымкӀэ хабзэхэмрэ щэнхабзэ щӀэинхэмрэ сэбэп зэрыхъуфынум, къинэмыщӀауэ, я гуащӀэкӀэ, я гупсысэкӀэ зэдэгуэшащ ди щэнхабзэм и щӀэин къулейр хъумэным, ар къытщӀэхъуэ щӀэблэм…

Читать далее

Полицэм и майор Людмилэ

Жэпуэгъуэм и 29-м я IэщIагъэ махуэщIыр ягъэлъапIэ Урысейм и лъэпкъ гвардием и дзэхэм я федеральнэ къудамэм хыхьэ, вневедомственнэ хъумакIуэ къулыкъум и лэжьакIуэхэм. Къулыкъум и лъабжьэр къыщIожьэ 1952 гъэм. Апщыгъуэм ар къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ къулыкъум хэту къызэрагъэпэщауэ щытащ. Къэрэшей-Черкес автоном областым и вневедомственнэ хъумакIуэ къулыкъур 1962 гъэм Черкесск къалэм и къэралкIуэцI IуэхухэмкIэ къулыкъум хэту къызэрагъэпэщауэ щытащ. ИужькIэ,…

Читать далее

ШыфI зиIэм дамэ тетщ

КъЧР-м и Адыгэ Хасэмрэ и Шууей Хасэмрэ я жэрдэмкIэ, я къызэгъэпэщыныгъэкIэ ВакIуэ-Жылэ къуажэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 12-м лъэпкъ махуэщI дахэ щекIуэкIащ — Къэрэшей-Черкесым, Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Краснодар крайм щыщ шууейхэм къагъэлъэгъуащ хэт и адыгэшыр нэхъ бэшэчми, нэхъ Iущми, нэхъ жэрми. «Шуджэгу — 2025» зыфIаща лъэпкъ IуэхумкIэ къызэщIрагъэубыдащ шы-спорт джэгу зэмылIэужьыгъуэхэр, балигъхэми сабийхэми ятегъэпсыхьа зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр….

Читать далее

ГуащIэдэкI зэхущытыкIэхэр

Къэрэшей-Черкесым и Правительствэм и Унэм щызэхэтащ социально-лэжьыгъэ зэхущытыкӀэхэр зэгъэзэхуэнымкӀэ республикэ лъэныкъуищ комиссэм и зэӀущӀэ. Ар иригъэкӀуэкӀащ республикэм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Суюнов Джанибек. ЗэӀущӀэм щытепсэлъыхьащ мыхьэнэшхуэ зиӀэ Ӏуэхугъуэхэм: ущиякӀуэхэм я лэжьыгъэ щытыкӀэхэм, унагъуэ къалэн зиӀэ лэжьакӀуэхэм ядэӀэпыкъуным, лъэпкъ проектхэр гъэзэщӀэным, нэгъуэщӀхэми. Гулъытэ хэха хуащӀащ «УщиякӀуэхэм я лэжьыгъэр зэрыхуэфащэу щытын папщӀэ» профсоюз акцэм. Ар…

Читать далее

И унагъуэцIэм хуэдэт и пшынэ еуэкIэри

1904 гъэм и гъатхэку мазэм, Екатеринодар къалэм концерт ин щызэхэтащ, гум жьы дэзыгъэкI гупсысэхэр къызэщIигъэушэу. Жылэр къыщIызэхуэсам и щхьэусыгъуэри зэ щхьэкIэ узыгъэгушхуэт, итIани, уегупсысмэ, арэзы укъэзыщIу, еувэлIэгъуафIэу щыттэкъым. Япон зауэм хыхьэну таучэл зыщIа адыгэ щIалэхэр, уэрэдрэ къафэрэкIэ гъуэгу махуэ трагъэхьэу арати, утыкур зыгъэдахэ музыкантхэм гъэщIэгъуэныщэу зылI яхэтт — ХЬЭГЪЭУДЖ Мыхьэмэт — зэрыпшынауэ Iэзэм къыщинэмыщIа, дэгъуэ…

Читать далее

Нанухэм я гъэсэныгъэм зи псэ хэзылъхьэхэм

ГъэсакIуэм я махуэщIым ирихьэлIэу, Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт «Дубок» сабий IыгъыпIэм гуфIэгъуэ дауэдапщэ щекIуэкIащ. Абы къеблэгъащ егъэджэныгъэ — гъэсэныгъэ гуащIэдэкIым и ветеранхэр, унафэщIхэр, Хьэбэз муниципальнэ районым и сабий IыгъыпIэхэм щылажьэхэр. Куэш-Хьэблэ сабий IыгъыпIэм и лэжьакIуэхэм я лэжьэгъухэм папщIэ гуапагъэрэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа концерт программэ ягъэхьэзыращ. КъекIуэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ, гукъинэ ящыхъу пшыхь къыхузэрагъэпэщащ. IэщIагъэ махуэщIым, зэрыхабзэу, сабий…

Читать далее

Сабийхэр зи дуней, зи гъащIэ

ФокIадэм и 27-р — гъэсакIуэм и IэщIагъэ Махуэщ. Абы куэд къызэщIеубыдэ, ауэ а IэщIагъэм и гугъу тщIыну дыщыхуежьэкIэ, псом япэу дызэгупсысыр сабий IыгъыпIэхэм щылажьэ гъэсакIуэхэращ. ЖыIэпхъэщи, сабийхэм ядэлэжьэныр зэгуэр IэщIагъэу къыхэзыхам ар и гъащIэ, и псэукIэ, и дуней мэхъу. Мис апхуэдэращ, езыри, гъэсакIуэ нэхъусар, анэм и сабийр IэщIилъхьэу, махуэ кIыхьагъым и гур къыхэмыскIыкIыжу дзыхь зыхуищIыфыр….

Читать далее

Забыт и дуней дахэр

Ди щIэджыкIакIуэ лъапIэхэ! Нобэ нэIуасэ фыхудощI Тыркум и Анталье къалэм дэс, адыгэгу къабзэ зыкIуэцIылъ, адыгэлI нэс БЕЗЫРХЭ Забыт. Ар 1960 гъэм Къайсэр къалэм къыщыхъуащ адыгэбзэмрэ адыгэ хабзэмрэ здызекIуэ унагъуэм. И адэшхуэм и цIэр къыфIащыжащ. И адэшхуэ Забыт Хэкум егъэзыгъэкIэ икIыжын хуей хъуащ ХХ лIыщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм. Абы теухуа хъыбар гууз щыIэщ. Забыт — адэшхуэм адыгэш…

Читать далее

Къалэм и мэр IэнатIэми

Урысей къэрал политик, бэдаущ IуэхущIакIуэшхуэ, Черкесск къалэм и мэру щыта ДЕР Станислав хуэдэхэм щхьэкIэщ щIыжаIар: «Илъэсищэм деж зэщ апхуэдэ цIыху дунейм къызэрытехъуэр» жэуэ… Адыгэм и псэр хузэIухауэ хуэлэжьащ, къызыхэкIа лъэпкъым игъуэ нэмыс хъухункIэ щыпкъагъэ ин хэлъу хуэпсэуащ, зи псалъэм Iуэхур къыпэкIуэу дунейм тета Дер Станислав. 1990 гъэ зэхэтхъуахэм хыхьэхэкI Iуэхум и лъэныкъуэкIэ зи лъэ увын…

Читать далее