Лъапсэ зыгъэтIылъа

«И гъащIэ псом си адэм Кавказым къэкIуэжыныр и гум щигъафIэу, щIэхъуэпсу дунейм тетащ. Ауэ зы пIалъэфIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Урысейм укъихьэжыныр гугъу дыдэт, дэфтэрхэр зэгъэпэщыным лъэпощхьэпо куэд пыщIат, гъунапкъэхэри къузат. Арати, и хъуэпсапIэр нэхуапIэ хуэмыхъуурэ ди адэр дунейм ехыжауэ щытащ. Си адэм и гуращэр сэ зэзгъэхъулIащ. Ауэ, Хэкум сыкъыщежьэжам Щамым иджыри зауи-бани къэхъеятэкъым» — игу къегъэкIыж илъэс…

Читать далее

Гухэлъ мафIэр мыужьыхыу

Черкесск къалэм дэт къэрал филармонием щагъэлъэгъуащ «Смерть победившие» спектакль гъэщIэгъуэныр. Теплъэгъуэр зыгъэхьэзырар Хьэбэз районым щыIэ «Нэмыс» театр гупращ. Ар траухуащ ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м. Абы и режиссёру уващ КъЧР-м и цIыхубэ артист КIэдэкIуей Артур. Абы пьесэм лъабжьэ хуищIар беларус тхакIуэ Быков Василь 1963 гъэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Альпийская баллада» повестращ. Тхыгъэм къызэретхэкIамкIэ, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ…

Читать далее

«Пщыр къауIа нэужь…»

Хъумэрэ къуажэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа АБЫКЪУ Алий Едыдж и къуэм и гъащIэр гугъуу къызэрекIуэкIам теухуауэ тхакIуэ Лыхь Мыхьэмэт жиIэжа хъыбарым и ещанэ, еплIанэ пычыгъуэхэр. КIэухращ. ПэщIэдзэр 12.07.2025 гъэм къыдэкIа, зи № 50 «Черкес хэку» газетым итщ. Мы къезгъэкIуэкIыжхэр сыщIалэ цIыкIуу ди анэшхуэм къызжиIэжа хъыбарщ. Пэжыр жыпIэнумэ, сщIэкъым иджырей хъумэрэдэсхэр абы зэрыщыгъуазэри, ар цIыхухэм зэрахэлъари. Ауэ…

Читать далее

Пщыр къауӏа нэужь…

Хъумэрэ къуажэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа АБЫКЪУ Алий Едыдж и къуэм и гъащIэр гугъуу къызэрекIуэкIам теухуауэ тхакIуэ Лыхь Мыхьэмэт жиIэжа хъыбарым и япэ, етIуанэ пычыгъуэхэр… — Мы тхыгъэ кIапэр, Хьэжмэт, мы къыдбгъэдыхьэхэм гу лъомыгъатэурэ мо урыс зауэлIхэм яхэт Беслъэнейм IэщIэлъхьэ, – си къуэшым е ХьэкIахъу хьэжым IэщIигъыхьэжыну сызэрыщыгугъри гурыгъаIуэ. КIэщIу и ужь итуи си шыр къысхуэшэ….

Читать далее

IэщIагъэлI хьэзырхэр къыщIагъэкI

Черкесск къалэм дэт Индустриально-технологическэ колледжыр къэзыуха ныбжьыщIэхэм зрагъэгъуэта щIэныгъэм щыхьэт техъуэ дипломхэр иратыжащ. ЕджапIэм IэщIагъэ зэхуэмыдэхэр щагъуэтауэ, лэжьэным хуэхьэзыру мы гъэм къыщIагъэкIащ нэрыбгэ 204-рэ. Абы щыщу диплом плъыжькIэ еджэгъуэ пIалъэр къаухащ ныбжьыщIэ 38-м. ЕджапIэм зэхиша гуфIэгъуэ дауэдапщэм къе блэгъащ КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Кравченко Иннэ, «Автобан» ООО-м и унафэщI Шардан А. «Кавказ-цемент» АО-м и…

Читать далее

Ди сабийхэм я IэкIэ

ТЕРРОРИЗМ псалъэр зэрызэхахыу, цӀыху куэдым я нэгу къыщӀохьэ блэкӀа мыжыжьэм, Хаттаб, Басаев Щэмил, Умаров Доку, Гочияев Ачемез, нэгъуэщӀ куэдми хуэдэ щIэпхъэджащIэхэм я зэранкӀэ ди къэралым и цӀыхубэм я гум «уӀэгъэ мыхъуж» къыщыхэна зэманыр, щызэхуэхьэса теплъэ щхьэхуэхэр. Норд-Остым, Беслан, Волгодонск, нэгъуэщӀ урысей къалэхэм къыщыхъуа, лажьэ зимыӀэ цӀыхуищэ бжыгъэ зыхэкӀуэда къэхъукъащӀэхэм цӀыхубэм я гукъэкӀыжым лъэужь фӀыцӀэ къыщагъэнащ….

Читать далее

ЦIыхупсэм епсэлъэн зылъэкIа

Адыгэ литературэм и тхыдэм, и къежьапIэм, и зыужьыныгъэ гъуэгуанэм и гугъу пщIымэ, СССР-м и тхакIуэхэм я Союзым хэт, Къэрэшей-Черкес Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ, «За доблестный труд в Великой Отечественной войне», «За долголетний доблестный труд медалхэр къызыхуагъэфэща «КХЪУЭХЪУ Цуцэ Мэжид и пхъур къыхуумыгъэщыну Iэмал иӀэкъым. Мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м мы бзылъхугъэ гъэщIэгъуэныр, адыгэ прозэм зыми…

Читать далее

Къуажэдэсхэм я псэм дэщIауэ

Къуажэм деж медицинэм и лэжьакIуэм и мыхьэнэр куэдкIэ инщ. Ар IэщIагъэу къыхэзыхым псори зэпишэчауэ, цIыхум дэIэпыкъуным гурэ псэкIэ хуэхьэзыру щытмэщ и Iуэхур къыщыдэхъунур. Апхуэдэу, гулъытэшхуэрэ зэхэщIыкIрэ иIэу, и лэжьыгъэр псом япэ иригъэщу, къыхиха IэщIагъэм хуэпэжу илъэс 35-рэ хъуауэ мэлажьэ Хъумэрэныжь дэт медицинэ IуэхущIапIэм и медсестра ЕЩЭР Фатимэ. А зэманым къриубыдэу абы хъумэрэдэсхэм я арэзынэгъэу, пщIэуэ…

Читать далее

Фронтым дэIэпыкъуу

Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекІуэныгъэр фронтым Іуту зэуахэми, тылым щылэжьахэми, дэтхэнэ совет цІыхуми къыкъуэкІа зэхэщІыкІыныгъэ лъагэм, псэемыблэжыныгъэм къыпэкІуащ. Зауэ илъэс дыджхэм тылым щылэжьахэм я текІуэныгъэр — псэемыблэжыныгъэм, бэшэчагъымрэ лІыгъэмрэ, щытыкІэ хьэлъэ дыдэхэм иту текІуэныгъэм хуэпабгъэным и щапхъэщ. Я къару емыблэжу заводхэм, фабрикэхэм, губгъуэхэм, къулыкъущІапІэхэм, сымаджэщхэм щылэжьащ тылым щыІахэр. Псори зыт зытеухуар — фронтхэм Іут…

Читать далее

Пшыхьым къикIыу

НАРТОКЪУЭМ и юбилейр щагъэлъэпIащ Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зезыхьэ Къэрал Лъэпкъ библиотекэм. МахуэщI пшыхьым кърагъэблэгъащ жылагъуэ творческэ интеллигенцэр. Тхылъ хъумапIэм и унафэщI Хапчаев Сэлыхь дауэдапщэр къыщызэIуихым жиIащ: «Дэ нобэ дыкъызэхуэсащ библиотекэм илъэс бжыгъэ ныбжьэгъугъэкIэ къыпыщIа Нартокъуэ СулътIан къыщалъхуа махуэр хуэтIэтыну. Абы ди сыт хуэдэ гугъуехьри, гукъэкIри, ехъулIэныгъэри къыддегуэш, чэнджэщэгъуу, акъылэгъуу къыткъуэтщ. Сехъуэхъуну сыхуейщ СулътIан илъэс…

Читать далее