КХЪУЭТЕПЫХЬЭ
«ЩIыбинэ, щIыбохъуэ хъулатIыжь, тIыжь дыукIмэ… щхьэ лъэныкъуэр дадэ ешх, и нэкулъ лъынэхэр нанэ ешх, и тхьэкIумэшхуэхэр си щIалэм ешх», — жиIэурэ, адэшхуэм къуэрылъхур и щIыбым щыщIиупскIэт, унагъуэм щикъалэнхэр зэфIигъэкIарэ ажафэ нэмэзлыкъ щабэм тесу пщыхьэщхьэу ар здэпсэхум. — Дадэ, ди мэл щхьэхужьра жыхуэпIэр? – упщIащ къуэрылъху ТIалэ цIыкIу, дадэрэ езырэ, Хъымыщ и къуэ Батэрэз сымэ я…