Ем зэгъусэу пэувыр токIуэ
Республикэ прокуратурэм «Iэнэ хъурей» гъэпсыкIэм иту зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Iулъхьэм бэнэныгъэ дегъэкIуэкIыным хуэгъэзауэ хабзэхъумэ къулыкъухэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуар къызэщIэкъуэжыным. ЗэIущIэм ирагъэблэгъащ Урысейпсо ЦIыхубэ Фронтым и хэгъуэгу къудамэм, Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ КъЧР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Купсэмрэ Жылагъуэ палатэмрэ я лIыкIуэхэр, хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я лэжьакIуэхэр. Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ хабзэ зэхэтыкIэр зэрагъэзащIэр нэIэм щIэгъэтыныр зи пщэрылъ, республикэм…