Зеикъуэм и зауэлIхэр
Гукъеуэм си гур иубыдауэ сыбгъэдэтщ Зеикъуэ курыт еджапIэм и пщIантIэм дэт, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыным. Я щIалэгъуэу, я къару илъыгъуэу, я насып къэкIуэгъуэу дапщэм я щхьэр щагъэтIылъа кIэ зимыIа зауэжьым и губгъуэхэм?. Ахэр я гъащIэм щысхьакъым къэралым къытепсыха гуауэр къагъэувыIэн щхьэкIэ. Зы нэрыбгэ зыфIэкIуэда унагъуэм дежкIэ гукъеуэшхуэт ар. Анэхэм ягъейт я къуэхэр, я…