Мытха роману къэгъуэгурыкIуа Гуащэнагъуэ

ЛЭТОКЪУЭ Гуащэнагъуэщ мы зэм си тхыгъэр зытеухуар, къилъэщауэ хуэфащэ псалъэ зыхужысIэну сызыхуейр. ГъащIэ хабзэу зэрыщытщи, уи щIалэгъуэм куэдым уегупсыскъым икIи зэбгъэзахуэкъым. Абы къизгъэкIыр аращи, нобэтэкъым, дыгъуасэтэкъым Гуащэнагъуэ сэ щысцIыхуар. Къэхъуащ и цIэр щызгъэIуаи, и IуэхущIафэхэр хэIущIыIу щысщIаи. Ауэ, зызумысыжынщи, адыгэ бзылъхугъэм гъунэжу бгъэдэлъ фIагъхэр иджыщ хэIэтыкIауэ щIэджыкIакIуэхэм къахуэстIэщIын мурад щысщIар. ГукъэкIыжхэр апхуэдизкIэ гъунэжу щхьэм щызожэри,…

Читать далее

«Л­Iэужьыр бжьиблкIэ мауэ»

Пасэрей адыгэм Iуэхур хьэкъыпIэкIэ зыIутыр имыщIэу ауэ сытми жиIакъым. Мы жыIэгъуэм гупсысэ куу зэрыхэлъыр наIуэ тщыхъуурэ дыкъокIуэкI. А жыIэгъуэм дыхуэзышари, зы пIалъэфI зытекIа, ауэ дэркIэ – адыгэхэмкIэ – гъэщIэгъуэну къанэ Iуэхугъуэщ. Апхуэдэу, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щылажьэ щIэныгъэлI-генетикхэм къахутауэ щытащ Голливуд актрисэ цIэры­уэ, дунейпсом къыщацIыху Стрип Мэрил адыгэлъ зэрыщIэтыр. Актрисэм и адэжь-анэжьхэм я блэкIар къэхута…

Читать далее

Атлантхэри нартхэри зы лъэпкъщ

Атлантхэмрэ нартхэмрэ я темэм куэд дехьэх. Абы къыхэкIыу, атлантхэмрэ нартхэмрэ, адыгэхэр зэзыпх тхыдэ кIуэрабгъухэр къыздэгъэлъэгъуа аналитикэ тхыгъэхэм солэжь зэпыт. Мы тхыгъэри си къэхутэныгъэ цIыкIущ. Мы темэм гъуни нэзи иIэкъыми, нэгъуэщI тхыгъэхэр къыкIэлъыкIуэнкIэ хъунущ…ЦIыху псори зэхуэдэу жыIэрыфIэщкъым. Куэдым зэхахымрэ зэджэмрэ шэч къытрахьэ, я нэкIэ ялъагъур нэхъ къыхах. ЖаIэ блэкIа зэман жыжьэм и гугъу пщIын щхьэкIэ, ар уи…

Читать далее

IэпщIэлъапщIэхэм я нэхъыфIхэр

Бадзэуэгъуэм и 10 — 25-рэ махуэхэм «Город мастеров» республикэ гъэлъэгъуэныгъэ-зэхьэзэхуэр — IэпщIэлъапщIэхэм я дуней гъэщIэгъуэным дыхэзыгъэплъар, Черкесск къалэм дэт сурэт галереем щылэжьащ. Гъэлъэгъуэныгъэр зэрызэхагъэува хьэпшыпхэр я IэрыкIыу щытащ изобразительнэ, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ IэпщIэлъапщIэхэм. Дауэдапщэр траухуащ Хэку зауэшхуэм ди цIыхубэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрилъэщрэ Илъэс 80 мы гъэм зэрырикъуам, Черкесск къалэр илъэс 200 зэрырикъунум, Поленов В. и цIэр…

Читать далее

«ЗэпыщIэныгъэмрэ сэрэ гъащIэм дызэрипхащ»

ШыщхьэIум и 1-м — зэпыщIэныгъэ хэхамкIэ къэрал къулыкъур къызэрагъэщIрэ илъэс 86-рэ ирокъу. Ауэ абы и тхыдэр къыщожьэ нэхъ жыжьэ — 1796 гъэхэм. Апщыгъуэм пащтыхь Павел I и унафэхэр, тхылъымпIэ лъапIэхэр, хьэпшыпхэр щIыпIэ гъэбелджылам зыхьыну фельдъегерь корпус къызэригъэпэщауэ щытащ. Революцэ нэужьым, совет унафэщIхэри апхуэдэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэныкъуапэти, 1918 гъэм Дзэ Плъыжьым и Урысейпсо штаб нэхъыщхьэм хэту къэралщIыб…

Читать далее

Бабырэ и гъыбзэ

Кавказ зауэжьым и гуауэр къызылъыса адыгэхэм нэпсу щIагъэкIар зэхэлъэдамэ, дунейр щIигъэнэнт. Иджыр къыздэсым «ИстамбылакIуэ» гъыбзэр хэт зэхихми, зигу къызэфIэмынэ бгъуэтынкъым. ИгъащIэи и Iыхьлыхэр зымылъагъужыну бзылъхугъэм хьэдагъэу ихьащ. И гуауэ мыухыжыр къызыхэщщ мы гъыбзэжьым щIэлъ макъамэ гуузымрэ псалъэ нэщхъейхэмрэ. Дунейм адыгэу тетым зэхахащ ар икIи яцIыху. Кавказ зауэжьым и гуауэдэх гъыбзи нобэ хъужащ. Мы тхыгъэмкIэ фыщызгъэгъуэзэну…

Читать далее

Лъапсэ зыгъэтIылъа

«И гъащIэ псом си адэм Кавказым къэкIуэжыныр и гум щигъафIэу, щIэхъуэпсу дунейм тетащ. Ауэ зы пIалъэфIкIэ узэIэбэкIыжмэ, Урысейм укъихьэжыныр гугъу дыдэт, дэфтэрхэр зэгъэпэщыным лъэпощхьэпо куэд пыщIат, гъунапкъэхэри къузат. Арати, и хъуэпсапIэр нэхуапIэ хуэмыхъуурэ ди адэр дунейм ехыжауэ щытащ. Си адэм и гуращэр сэ зэзгъэхъулIащ. Ауэ, Хэкум сыкъыщежьэжам Щамым иджыри зауи-бани къэхъеятэкъым» — игу къегъэкIыж илъэс…

Читать далее

Гухэлъ мафIэр мыужьыхыу

Черкесск къалэм дэт къэрал филармонием щагъэлъэгъуащ «Смерть победившие» спектакль гъэщIэгъуэныр. Теплъэгъуэр зыгъэхьэзырар Хьэбэз районым щыIэ «Нэмыс» театр гупращ. Ар траухуащ ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м. Абы и режиссёру уващ КъЧР-м и цIыхубэ артист КIэдэкIуей Артур. Абы пьесэм лъабжьэ хуищIар беларус тхакIуэ Быков Василь 1963 гъэм и Iэдакъэ къыщIэкIа «Альпийская баллада» повестращ. Тхыгъэм къызэретхэкIамкIэ, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ…

Читать далее

«Пщыр къауIа нэужь…»

Хъумэрэ къуажэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа АБЫКЪУ Алий Едыдж и къуэм и гъащIэр гугъуу къызэрекIуэкIам теухуауэ тхакIуэ Лыхь Мыхьэмэт жиIэжа хъыбарым и ещанэ, еплIанэ пычыгъуэхэр. КIэухращ. ПэщIэдзэр 12.07.2025 гъэм къыдэкIа, зи № 50 «Черкес хэку» газетым итщ. Мы къезгъэкIуэкIыжхэр сыщIалэ цIыкIуу ди анэшхуэм къызжиIэжа хъыбарщ. Пэжыр жыпIэнумэ, сщIэкъым иджырей хъумэрэдэсхэр абы зэрыщыгъуазэри, ар цIыхухэм зэрахэлъари. Ауэ…

Читать далее

IэщIагъэлI хьэзырхэр къыщIагъэкI

Черкесск къалэм дэт Индустриально-технологическэ колледжыр къэзыуха ныбжьыщIэхэм зрагъэгъуэта щIэныгъэм щыхьэт техъуэ дипломхэр иратыжащ. ЕджапIэм IэщIагъэ зэхуэмыдэхэр щагъуэтауэ, лэжьэным хуэхьэзыру мы гъэм къыщIагъэкIащ нэрыбгэ 204-рэ. Абы щыщу диплом плъыжькIэ еджэгъуэ пIалъэр къаухащ ныбжьыщIэ 38-м. ЕджапIэм зэхиша гуфIэгъуэ дауэдапщэм къе блэгъащ КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Кравченко Иннэ, «Автобан» ООО-м и унафэщI Шардан А. «Кавказ-цемент» АО-м и…

Читать далее