Лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэ

Къэрэшей-Черкесым и МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и Купсэмрэ еджапIэхэм я унафэщIхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ я чэнджэщэгъухэмрэ «Щэнхабзэхэм я зэпсэлъэныгъэ: Благъагъэ — КъэрэшейЧеркесым щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ хабзэ» проект гъуэзэджэр къызэрагъэпэщащ. Ар теухуащ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным, абыхэм щIэблэр щIэпIыкIыным. ГУАПЭ ЗЭРЫХЪУЩИ, мы Iуэху дахэр Хьэбэз районым хыхьэ Зеикъуэ курыт еджапIэм щрагъэжьащ. А махуэм…

Читать далее

Лъэпкъ щIэжым и джэ макъ

ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жеIэ адыгэ псалъэжьым. Гувэми щIэхми, цIыхур и блэкIам щыхуеплъэкIыж, и лъабжьэхэр къыщитIэщIыж, къызыхэкIар къыщилъыхъуэж зы лъэхъэнэ и гъащIэм къыхохуэ. Бэчыжь Лейла шэрыуэу зэрыжиIащи, лъэпкъ щIэжым и джэ макъ къыпхыIукIращ, цIыхур щтэIэщтаблэ щищIыж къыхэкIыу, апхуэдэ «хъуаскIэхэр» къызэпхезыгъэдзыр. ЩIэныгъэлэжьым зи гугъу ищIа джэ макъыр къызыпхыIукI тхакIуэхэр щымащIэкъым Тырку щIыналъэм, абыхэм адыгэу залъытэжми, къуэпскIэ адыгэм…

Читать далее

Псэ жыг

Скульптор ГъущIапщэ Арсенрэ архитектор Мату Зауррэ ящIа «Псэ жыгыр» 2004 гъэм ягъэуващ. Ар 1763-1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъщ. Шэрхъ щIыкIэу гъэжа бетоным тещIыхьащ жэзым къыхэщIыкIа, метрибл зи лъагагъ жыгыр. Псэ жыгым къудамибл иIэщ. «Къудамиблым къагъэлъагъуэ лIакъуибл: адыгэхэм благъагъэр лIакъуиблкIэ къабжыр. Фэеплъыр зауэмрэ щыгъуэмрэкъым зи нэщэнэр, атIэ гъащIэ къегъэлъагъуэ. Псэ жыгым и дамыгъэр…

Читать далее

Кавказым и хъумакIуэхэм я фэеплъу

ТекIуэныгъэм и Илъэс 80-м ипкъ иту, КъЧР-м и хьэкълыкъ къулыкъум и лэжьакIуэхэм, Черкесск къалэмрэ Карачаевск къалэ округымрэ ит гимназиехэм, еджапIэхэм щеджэ еджакIуэ хэкупсэхэр ящIыгъуу екIуэлIащ Орджоникидзевскэ жылагъуэм дэт, Кавказыр зыхъумахэм я фэеплъ-Музейм. Фэеплъ пэкIум хэтащ КъЧР-м и хьэкълыкъ къулыкъум и унафэщI Текеев Расул, абы и къуэдзэхэу Дурновэ Аннэ, Тамазэ Фатимэ, Хубиев Руслан, УФНС-м и къудамэм…

Читать далее

Ар юбилейщ, ауэ гущIыхьэ щIэту

Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэч Умар Хьэмид и къуэм и фэеплъ зэIущIэ щекIуэкIащ езым и цIэр зезыхьэ Малэ Зеленчук (Ботэщей) курыт еджапIэм. ЗэхуэсыпIэ пэшыр махуэщI гъэпсыкIэу гъэщIэрэщIат. Блынхэм фIэлът ЛIыхъужьым и гъащIэр къэзыгъэлъэгъуэж сурэтхэр, тхыгъэхэр, зауэ нагъыщэхэр, ТекIуэныгъэм и Махуэм теухуа къыхуеджэныгъэхэр. АтIэ, мы гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 10-м Хьэбэч Умар зауэм зэрыхэкIуадэрэ илъэс 80…

Читать далее

И цIэр — щIыхьым и дамыгъэщ

Къэрэшей-Черкес Республикэр зи гуащIэкIэ зыгъэлъэпIа лэжьакIуэшхуэ, нобэр къыздэсам зи цIэр, зи псэукIар, зи лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэу щытар, иIа дуней еплъыкIэр ящымыгъупщэ, уеблэмэ щапхъэу ди лъэпкъми хэгъуэгум щыпсэухэми къащхьэщыт цIыху щэджащэщ АРГУН Iэбубэчыр (ПIатIэ) Дадым и къуэр. ЦIыхубэ фIылъагъуныгъэ ин зыбгъэдэлъа ПIатIэ накъыгъэм (майм) и 12-м къыщалъхуа махуэт… И псэм хуихь и къуажэм — КуэшХьэбли, Хьэбэз районми,…

Читать далее

ПсапащIэр зэпыукъым

ТекIуэныгъэм и махуэщIым ехъулIэу, республикэм къыбгъэдэкIыу зауэ операцэ хэхар здекIуэкI щIыпIэмрэ госпиталымрэ тонн 18 хъу псы къабзэ хурагъэшащ. Псы тонни 9-р СВО-р зэрыщIидзэрэ абы Iут 34-нэ гвардейскэ мотострелковэ бригадэм хэт ди зауэлIхэм яIэрыхьэнущ. Адрей тонни 9-р зауэлIхэм здеIэзэ, я узыншагъэм здыхагъэхъуэж Ростов зауэ клиническэ сымаджэщым хуашэнущ. Мы псапащIэ гулъэр къызэгъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ УФ-м ФедерацэмкIэ и…

Читать далее

Нэгъуей литературэм и классикыр

Нэгъуей лъэпкъым къыхэкIа тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Черкесым и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, публицист КАПАЕВ Иса Суюн и къуэр илъэс 75-рэ зэрырикъуам теухуа дауэдапщэ зэхуэмыдэхэр ди республикэм щекIуэкIащ. Капаевыр и авторщ нэгъуеибзэкIи, урысыбзэкIи къыдэкIа тхылъ 31-м. Абыхэм яхэтщ тюркологием, нэгъуей мифологием теухуа щIэныгъэ къэхутэныгъэхэри. Ар и авторщ «Урыс нэгъуей псалъалъэми». Апхуэдэу, Къэрэшей-Черкес къэрал…

Читать далее

ГуащIэрылажьэм  и хьэлэмэтыр

КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Министерствэм и жэрдэмкIэ, Черкесск къалэм форумышхуэ щызэхэтащ. Ар зытеухуауэ щытар гуащIэдэкI шынагъуэншагъэмрэ ар къызэгъэпэщыным ехьэлIа лъэныкъуэхэмрэщ. Форумыр къызэIуихащ КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Суюнов Джанибек. Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ, фIыщIэ яхуищIащ Краснодар крайм къикIа хьэщIэхэм, гуащIэрылажьэ гупу, цIыху щхьэхуэу, зыщылажьэхэм я лIыкIуэу гуащIэдэкI зэIущIэшхуэм къекIуэлIа дэтхэнэми. ГуащIэдэкI шынагъуэншагъэмрэ гуащIэрылажьэр…

Читать далее

ЛIыхъужьым и фэеплъу

УРЫСЕЙМ и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид и цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэ курыт еджапIэм Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам лIыхъужьыгъэ щызэрихьэу хэкIуэда, Суворовым и медалымрэ «Мужество» орденымрэ къызыхуагъэфэща АБРЭДЖЫКЪУЭ Тимур Уэхьид и къуэм и цIэкIэ «Парта Героя» къызэIуахащ. ЛIыхъужьым и цIэкIэ партэр къызэIухын щIыхьыр хуагъэфэщащ и анэ Заремэ, къыдалъхуам и бын Абрэджыкъуэ Амир, е 11-нэ классым хэс…

Читать далее