«Сыадыгэу, си бзэр фIыуэ сымылъагъумэ,сэ зызмылъагъужу аращ»
МазитI нэхъыбэ хъуакъым зыщIэстхэу интернетым напэкIуэцI зэрызэзгъэпэщрэ. ИкIи щIэх дыдэ куэдым зыкъыпатхэу щIадзащ, нэхъыбэуи Тыркум щыIэ адыгэхэм. Сэри си гуапэу нэIуасэ сахуэхъуащ ди лъэпкъэгъухэм: я щыIэкIэ-псэукIэр къызощIэ, Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэм зыщызогъэгъуазэ. Си егъэджэныгъэ лэжьыгъэми, зэзгъэпэщ зэхыхьэхэми зыгуэрхэр къыхэсшэфахэщ. Ауэ мыхьэнэшхуэ нэхъ зэстар нэIуасэ къысхуэхъуа адыгэ хэхэсхэм я зэчиифIэ усакIуэхэращ. Абыхэм я усэхэм щыслъэгъуащ лъэпкъым…