Гулъытэм пIалъэ иIэкъым

Джатэхэ Валерэрэ Хьисэрэ я уней тхылъ-тедзапIэм къыщыдэкIащ Дэбагъуэ Хьэтызэ урысыбзэкIэ итха «Память не признает срока давности или жизнь Мухамеда Гогушева» тхылъыр. Ар теухуащ Черкесск къалэм и чэфщIэхужыпIэм (вытрезвителым) 1997 гъэм накъыгъэм и 17-м гуузу щаукIауэ щыта, егъэджакIуэ-гъэсакIуэ къызэрымыкIуэ, экономист цIэрыIуэ, еджагъэшхуэ, профессор Гуэгуш Мухьэмэд Зэчрей и къуэм и фэеплъ нэхум. Тхылъым и ухэзыгъэгъуазэ псалъэм деж…

Читать далее

ЛъэпкъылIым и щIэиныр

АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫМ къыхэкIа цIыхушхуэм – КЪАНДУР Мухьэдин Иззэт и къуэм и щэнхабзэ щIэин лъапIэр хъумэным ехьэлIа къэралыбэ проект щэджащэу щытащ щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 13-15 махуэхэм Сочи къалэм къыщапщытэжа, «Открытая книга» узэщIыныгъэ-творческэ зэпеуэр. Ар зэхашащ ГрантхэмкIэ Президент Фондым и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу. Ипэ дищынщ, жытIэнщи, творческэ зэпеуэр щекIуэкIа мазитIым къриубыдэу къызэгъэпэщакIуэхэм къаIэрыхьащ тхыгъэ 70-м зэрынэхьэс, Урысейм и…

Читать далее

Зыубыд, си жьэ, зышыIэ, сигу!

ШыIэныгъэм (толерантностым) и Махуэр ЮНЕСКО къэралыбэ организацэм игъэувауэ щытащ 1995 гъэм. Абы къыкIэлъыкIуэ 1996 илъэсым ООН-м и Генеральнэ Ассамблеем а къэралыбэ организацэм хэтхэм чэнджэщ ярихьэлIащ щэкIуэгъуэм и 16-р шыIэныгъэм и къэралыбэ Махуэу ягъэлъэпIэну. «Толерантность» мыхьэнэр къыщожьэ «tolerantia» (толеранция) латын псалъэм, икIи къокI «шыIэныгъэ». Урысей Федерацэм шыIэныгъэм и Махуэр щагъэлъапIэ 2005 гъэм щегъэжьауэ. ЩэкIуэгъуэм и 16-м…

Читать далее

Iуэху зэхэщIыкI ин зыбгъэдэлъ дохутыр

Нэгум къыщIэгъыхьэгъуейщ ультразвук къэхутэныгъэр (УЗИ) нобэрей медицинэм хэмыту. ПсынщIэу зызыхъуэж зэманым дэкIуатэ УЗИ-м и лъэкIыныгъэхэр нэхъыбэ мэхъу, ар медицинэм и унэтIыныгъэу хъуами къыщагъэсэбэп. Iэпкълъэпкъым шынагъуэ къыхуимыхьу узыр и чэзум, щыуагъэншэу къахутэ УЗИ аппаратым и фIыгъэкIэ. Ауэ цIыхум и гъащIэр къызэтегъэнэнымрэ узу къеныкъуэкъур зыхуэдэр гъэбелджылынымрэ къызэфIэзыгъэкIыр мис а УЗИ зыщI дохутырращ, абы и IэщIагъэ зэхэщIыкIымрэ и…

Читать далее

ЛIыгъэр зи нагъыщэ

Урысейм и хьэлэмэт ихъумэу нобэ зауэ операцэ хэхам хэт ди зауэлI дэтхэнэри, шэч хэлъкъым, иджырей зэманым и лIыхъужьщ. Абыхэм УФ-м и лIыщхьэм къахуигъэува къалэнхэр нэгъэсауэ ягъэзащIэ, я унагъуэхэр, я хэку цIыкIур, Урысей псор шынагъуэм щахъумэ. Сыт хуэдэ гугъуехь ахэр пэщIэмыхуами, щIыхьрэ щытхъурэ пылъу я къулыкъур яхь. Апхуэдэхэм ящыщщ Курск областым гъэIэпхъуэныгъэ гупым хэту зи къулыкъур…

Читать далее

Къалащхьэм и цIыху щыпкъэхэр

Мы гъэм Черкесск къалэр илъэс 200 зэрырикъуам и щIыхькIэ ирагъэкIуэкI дауэдапщэхэм ипкъ иту, республикэ къалащхьэм и Думэм щызэхэта зэIущIэм щагъэлъэпIащ къалэм дэс цIыху щыпкъэхэмрэ Черкесск и махуэщIыр къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэмрэ. IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрыт къалэдэсхэм я цIэр а махуэм нагъыщэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыхагъэщащ. Гулъытэ зыхуащIахэм ящыщщ егъэджакIуэхэр, дохутырхэр, водителхэр, щэнхабзэмрэ спортымрэ, къалэ щIыпIэхэр гъэкъэбзэнымрэ гъэдэхэнымрэкIэ къулыкъухэм я…

Читать далее

«Унагъуэм, анагъэмрэ сабиигъуэмрэ защIэгъэкъуэным»

ЩАЙ (Адэмокъуэхэ япхъущ) Мадинэ къыщыхъуащ Жьакуэ къуажэм. «Бухгалтерский учет и аудит» IэщIагъэр иIэу ищхьэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Къэрэшей-Черкес технологическэ институтым. Бухгалтеру щылэжьащ балигъыпIэм имыувахэмкIэ «Надежда» республикэ реабилитацэ купсэм; КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Министерствэм бухгалтер щIэтхэныгъэмрэ къэпщытэжыныгъэмрэкIэ и къудамэм и IэщIагъэрылажьэ нэхъыщхьэу, чэнджэщакIуэу, планово — финанс къудамэм и унафэщIу лэжьащ; илъэс пщыкIутхум зэрынэхьэсауэ КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ…

Читать далее

Адыгэ фащэм и гъэфIэжыр

ФокIадэм (сентябрым) и 28-р — адыгэ фащэм и Махуэр — Черкесск къалэм щыIэ «ХытӀыгу ЩхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэ паркым къызэрымыкIуэу дахащэу, хуэфащэу, Iэтауэ, Ищхъэрэ Кавказ, Ипщэ хэгъуэгухэм къикIа хьэщIэхэри куэду хэту, Хэгъуэгупсо фестиваль щхьэщIэдзапIэм щIэту, щагъэлъэпIащ. Лъэпкъ Iуэхум ехьэлIа зэхыхьэ дахэр къызэрагъэпэщащ КъЧР-м и Адыгэ Хасэмрэ «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэхэмрэ. Сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу хъуащ КъЧР-м…

Читать далее

Куэшхьэблэпхъум и пшыналъэ

Куэшхьэблэпхъухэм я пшыналъэр хущхъуэм палъыту жиIэ зэпытт ди нанэшхуэ. Ар къызыхихыу щытам сыщIэупщIэну си щхьэ къыщIэмыкIар зэхэщIыкI зэрызимыIэм хуэсхьурэ сыкъекIуэкIащ иджырэ къэс, езыр пшынауэ Iэзэу зэрыщытами семыгупсысу. Сэ Куэш-Хьэблэ къуажэм дэса пшынауэхэр си цIыхугъэу щытакъым, ахэр уэрэдым зэрыхуэжанами срипсэлъэну си щхьэ теслъхьэкъым, ауэ си фIэщ мэхъу гъащIэм и къэгъэшыпIэхэм ущIаупскIэурэ щIыпIэ, цIыху Iэджэм уащрихьэлIэ щыхъукIэ,…

Читать далее

«… Адыгэ фащэр сэ схуадами, зэры-Кавказу яхуэхъуащ!»

Адыгэ фащэр (черкескэр) лъэпкъым и щыгъын къудейкъым. Ар зыми ебгъапщэ мыхъун мылъкущ, лъэпкъ псом и щэнхабзэ тхыдэщ, лIыщIыгъуэ куэдым я къыпэкIуэныгъэщ. Абы къегъэлъагъуэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм яхуэгъэза щыпкъагъэмрэ ар дуней псом зэрыхузэIухамрэ. Апхуэдэу, адыгэ фащэм ихъумащ и пщIэмрэ и мыхьэнэмрэ. Ар Кавказым ис лъэпкъ куэдым зыщатIэгъа къудейкъым. Ар къэрал фащэ яхуэхъуащ Урысейм и зауэ дзэ…

Читать далее