Iуэху зэхэщIыкI ин зыбгъэдэлъ дохутыр

Нэгум къыщIэгъыхьэгъуейщ ультразвук къэхутэныгъэр (УЗИ) нобэрей медицинэм хэмыту. ПсынщIэу зызыхъуэж зэманым дэкIуатэ УЗИ-м и лъэкIыныгъэхэр нэхъыбэ мэхъу, ар медицинэм и унэтIыныгъэу хъуами къыщагъэсэбэп. Iэпкълъэпкъым шынагъуэ къыхуимыхьу узыр и чэзум, щыуагъэншэу къахутэ УЗИ аппаратым и фIыгъэкIэ. Ауэ цIыхум и гъащIэр къызэтегъэнэнымрэ узу къеныкъуэкъур зыхуэдэр гъэбелджылынымрэ къызэфIэзыгъэкIыр мис а УЗИ зыщI дохутырращ, абы и IэщIагъэ зэхэщIыкIымрэ и…

Читать далее

ЛIыгъэр зи нагъыщэ

Урысейм и хьэлэмэт ихъумэу нобэ зауэ операцэ хэхам хэт ди зауэлI дэтхэнэри, шэч хэлъкъым, иджырей зэманым и лIыхъужьщ. Абыхэм УФ-м и лIыщхьэм къахуигъэува къалэнхэр нэгъэсауэ ягъэзащIэ, я унагъуэхэр, я хэку цIыкIур, Урысей псор шынагъуэм щахъумэ. Сыт хуэдэ гугъуехь ахэр пэщIэмыхуами, щIыхьрэ щытхъурэ пылъу я къулыкъур яхь. Апхуэдэхэм ящыщщ Курск областым гъэIэпхъуэныгъэ гупым хэту зи къулыкъур…

Читать далее

Къалащхьэм и цIыху щыпкъэхэр

Мы гъэм Черкесск къалэр илъэс 200 зэрырикъуам и щIыхькIэ ирагъэкIуэкI дауэдапщэхэм ипкъ иту, республикэ къалащхьэм и Думэм щызэхэта зэIущIэм щагъэлъэпIащ къалэм дэс цIыху щыпкъэхэмрэ Черкесск и махуэщIыр къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэмрэ. IэнатIэ зэхуэмыдэхэм пэрыт къалэдэсхэм я цIэр а махуэм нагъыщэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыхагъэщащ. Гулъытэ зыхуащIахэм ящыщщ егъэджакIуэхэр, дохутырхэр, водителхэр, щэнхабзэмрэ спортымрэ, къалэ щIыпIэхэр гъэкъэбзэнымрэ гъэдэхэнымрэкIэ къулыкъухэм я…

Читать далее

«Унагъуэм, анагъэмрэ сабиигъуэмрэ защIэгъэкъуэным»

ЩАЙ (Адэмокъуэхэ япхъущ) Мадинэ къыщыхъуащ Жьакуэ къуажэм. «Бухгалтерский учет и аудит» IэщIагъэр иIэу ищхьэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Къэрэшей-Черкес технологическэ институтым. Бухгалтеру щылэжьащ балигъыпIэм имыувахэмкIэ «Надежда» республикэ реабилитацэ купсэм; КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Министерствэм бухгалтер щIэтхэныгъэмрэ къэпщытэжыныгъэмрэкIэ и къудамэм и IэщIагъэрылажьэ нэхъыщхьэу, чэнджэщакIуэу, планово — финанс къудамэм и унафэщIу лэжьащ; илъэс пщыкIутхум зэрынэхьэсауэ КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ…

Читать далее

Адыгэ фащэм и гъэфIэжыр

ФокIадэм (сентябрым) и 28-р — адыгэ фащэм и Махуэр — Черкесск къалэм щыIэ «ХытӀыгу ЩхъуантIэ» зыгъэпсэхупIэ паркым къызэрымыкIуэу дахащэу, хуэфащэу, Iэтауэ, Ищхъэрэ Кавказ, Ипщэ хэгъуэгухэм къикIа хьэщIэхэри куэду хэту, Хэгъуэгупсо фестиваль щхьэщIэдзапIэм щIэту, щагъэлъэпIащ. Лъэпкъ Iуэхум ехьэлIа зэхыхьэ дахэр къызэрагъэпэщащ КъЧР-м и Адыгэ Хасэмрэ «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэхэмрэ. Сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу хъуащ КъЧР-м…

Читать далее

Куэшхьэблэпхъум и пшыналъэ

Куэшхьэблэпхъухэм я пшыналъэр хущхъуэм палъыту жиIэ зэпытт ди нанэшхуэ. Ар къызыхихыу щытам сыщIэупщIэну си щхьэ къыщIэмыкIар зэхэщIыкI зэрызимыIэм хуэсхьурэ сыкъекIуэкIащ иджырэ къэс, езыр пшынауэ Iэзэу зэрыщытами семыгупсысу. Сэ Куэш-Хьэблэ къуажэм дэса пшынауэхэр си цIыхугъэу щытакъым, ахэр уэрэдым зэрыхуэжанами срипсэлъэну си щхьэ теслъхьэкъым, ауэ си фIэщ мэхъу гъащIэм и къэгъэшыпIэхэм ущIаупскIэурэ щIыпIэ, цIыху Iэджэм уащрихьэлIэ щыхъукIэ,…

Читать далее

«… Адыгэ фащэр сэ схуадами, зэры-Кавказу яхуэхъуащ!»

Адыгэ фащэр (черкескэр) лъэпкъым и щыгъын къудейкъым. Ар зыми ебгъапщэ мыхъун мылъкущ, лъэпкъ псом и щэнхабзэ тхыдэщ, лIыщIыгъуэ куэдым я къыпэкIуэныгъэщ. Абы къегъэлъагъуэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэм яхуэгъэза щыпкъагъэмрэ ар дуней псом зэрыхузэIухамрэ. Апхуэдэу, адыгэ фащэм ихъумащ и пщIэмрэ и мыхьэнэмрэ. Ар Кавказым ис лъэпкъ куэдым зыщатIэгъа къудейкъым. Ар къэрал фащэ яхуэхъуащ Урысейм и зауэ дзэ…

Читать далее

Зихъуэжрэ ефIакIуэурэ

ХХ лIыщIыгъуэм и 1950 гъэхэм и япэ илъэсхэм къалэм и ищхъэрэкъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ иужьрей дыдэ уэраму щытар Зелёная зи фIэщыгъэцIэращ. Абазинскэ уэрамым зэуэ къыкIэлъыкIуэт хъупIэхэр, адэкIэ гъущI гъуэгурати, абы щегъэжьауэ бгы лъапэм нэгъунэ жыг хадэхэр ирикIуэт. «Пятачок» фIэщыгъэцIэр иратат щIалэгъуалэм фIы дыдэу ялъэгъуа къалэ скверым. Абдеж щыIэ, «Сковорода»-кIэ зэджэ, къэфапIэ утыку хъуреишхуэр къафэкIэ ираутыкIт. Арами, ар…

Читать далее

«КъэкIуэнур нобэм епхауэ…»

«КъэкIуэнур нобэм епхауэ: Хьэбэз районым егъэджэныгъэмкIэ и бэзыр лъэкIыныгъэхэм я къэухьу» щхьэщIэдзапIэм щIэту, Совет Союзым и ЛIыхъужь ХЬЭБЭЧ Умар и цIэр зезыхьэ Ботэщей еджапIэм щекIуэкIащ Хьэбэз муниципальнэ районым щыщ егъэджакIуэхэм я шыщхьэIу зэIущIэр. Абы хэтащ Хьэбэз район и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Унэж Рэмэзан, егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Сидакъ Жаннэ, «Движение Первых» зэщIэхъееныгъэм…

Читать далее

Зэхэуэ гуащIэм и фэеплъ

Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекІуэныгъэ Иным и напэкІуэцІ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ Курск зэхэуэр. Ар тхыдэм хыхьащ зауэм и зэпыгъэзапІэ, ар зэриухынур зэлъыта хъуа зы Іыхьэу. Курск зэхэуэр 1943 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м щегъэжьауэ шыщхьэІум и 23-м нэгъунэ екІуэкІащ. Ар зэриухрэ мы гъэм илъэс 82-рэ ирикъуащ. А зэхэуэ гуащІэр Іыхьищу ягуэш тхыдэджхэм: Курск зыхъумэжыныгъэ операцэ…

Читать далее