ЗэхъуэкIыныгъэхэм гу лъытапхъэщ
2026 гъэм пенсэхэм, пособэхэм, хуэгъэкIуэтэныгъэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я журналистхэр щигъэгъуэзащ Урысейм и Социальнэ фондым (СФР) и Къэрэшей-Черкес къудамэм и унафэщI УЭЗ Аслъэн. — ХабзэфI зэрыхъуауэ, илъэсыр пенсэ индексацэхэмкIэ щIедзэ. АтIэ, пенсэ гъэувыкIэм, индексацэм ехьэлIа сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм къару ягъуэта 2026 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ? — УпщIэр игъуэ дыдэщ, сыту…