Гумызагъэу зи лэжьыгъэм бгъэдэт

Зы илъэскъым зэрытцӏыхур КъЧР-м гуащӏэдэкӏымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкӏэ и министрым и япэ къуэдзэ ЩАЙ Мадинэ Хьисэ и пхъур. Жыпӏэнуракъэ, умыгъэщӏэгъуэнкӏи ӏэмал имыӏэу, апхуэдиз илъэсым къриубыдэу зэгуэрми гу лъыттакъым ар и хьэл-щэн икӏауэ, ирехъу ар и цӏыхугъэ е и къулыкъу къалэн ӏуэху. Шэч хэлъкъым, апхуэдэр зыхузэфӏэкӏыр цӏыху зэпӏэзэрытщ, зыпэрыт ӏэнатӏэм хуэгъэпсаращ. Абы къыдэкӏуэуи догупсыс: социальнэ дэӏэпыкъуныгъэм епха…

Читать далее

Лъэпкъ гъуазджэм и щыгъэ лыдыжт

«ГъащIэр театру зэхэлъщ» жаIэ театр утыкур зыгъэбжьыфIэхэм. Ауэ а IэщIагъэ мытыншым ирилажьэ, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и артисткэ пажэхэу КIыщмахуэ Фатимэ, Мэчэр Индирэ, Шорэ Марьянэ сымэ ди газетым и хэщIапIэм иджыблагъэ къыщеблэгъам театрыр Iэпкълъэпкъ зэрыубыдам хуэбгъадэ зэрыхъунур зыжьэу зэрыжаӏами арэзы утемыхъуэну щыткъым. Адыгэ театрым и блэкIамрэ и къэкIуэнумрэ мызэ-мытIэу сытотхых си…

Читать далее

Жэуаплыгъэр зыхащIэу

Мэкъуауэгъуэм и 25-р — Урысейм и статистикэ лэжьакӏуэм и Махуэщ. Къэралымкӏи, жылагъуэмкӏи статистикэм и мыхьэнэр инщ, уеблэмэ ар дяпэкӏэ къахьыну къэрал, хэгъуэгу унафэхэм япкъыу жыпӏэ хъунущ. Статистикэм сыт и лъэныкъуэкӏи ӏупщӏ ещӏ жылагъуэм, къэралым и экономикэ, социальнэ щытыкӏэр. Абыхэм тещӏыхьауэ — ипэкӏэ дегъэкӏуатэ. Статистикэм и лэжьакӏуэм и Махуэм хуэкӏуэу, я лэжьыгъэм, я лэжьакӏуэхэм зыщыдгъэгъуазэмэ тфӏэигъуэу…

Читать далее

Дыгъэр къыщыкъуэкIкIэ сэхураныр мэгуфIэ

Ботэщей, Куэш-Хьэблэ е Зеикъуэ зи анэшу щыт цIыхухъум ищIэну къыщIэкIынщ а къуажэхэм щежэх Инжыдж ЦIыкIум къыщхьэщыт бгым ищхьэмкIэ щыIэ Къулътыгуэн губгъуэ хуитышхуэр. Зеикъуэ лъэмыжым сыщижкIэ еуэ къэс сигу къокIыж си анэш дадэм мэкъупIэу абдеж щиIам Iэджэрэ сыздишэу зэрыщытар. Иджы куэд щIакъым, Хьэбэз сыщыIауэ сыкъыздехыжым: «Щхьэ а лъагапIэм сихьэу щалэжь-щащIэм теухуауэ ди лъэпкъэгъу гуащIэрыпсэухэм садэмыпсалъэрэ?», жысIэу…

Читать далее

Гъуазджэм и хъумакIуэхэр

Черкесск къалэм дэт сурэт галереем адэжьхэм къащIэна гъуазджэр нэхъри зыгъэбагъуэ, зыхъумэ Iуэхугъуэ дахэ щекIуэкIащ. Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ колледжым хыхьэ «Декоративно-прикладное искусство и народных промыслов» къудамэм щагъэхьэзыр IэпщIэлъапщIэ Iэзэхэм я диплом лэжьыгъэхэр зэIухауэ, цIыхур куэду утыку ирахьащ. Абы папщIэ зэхуашэса къэрал экзамен комиссэм хыхьащ УФ-м и сурэтыщIхэм я Союзым хэт Карасов Юрий,…

Читать далее

Хахуагъэр ягъэщыпкъэу

Зауэ операцэ хэхар ди къэралым зэрызэхиублэрэ ди хэкуэгъу мымащIэм я цIэхэр лIыхъужьыгъэкIэ, хахуагъэкIэ, псэемыблэжыныгъэкIэ зэхэтхащ. Апхуэдэщ Адыгэ-Хьэблэ районым хыхьэ Кхъувы ЦIыкIу къуажэм щыщ КИЛБЭ Олег Мурадин и къуэри. Мы зауэлIым зэрихьа хахуагъэм папщIэ ЛIыхъужьыгъэм и орденыр (дунейм ехыжа нэужь) къыхуагъэ фэщащ. Олег 1996 гъэм жэпуэгъуэм и 2-м къэхъуауэ щытащ. Жагъуэ зэрыхъущи, ар гъащIэ мащIэ хъуащ….

Читать далее

ЛIыгъэр лъым щыхэлъкIэ

Зауэ операцэ хэхар къызэрежьэрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъ куэдым къахэкIа щIалэ мымащIэ мы Iуэхугъуэм хыхьащ. Хэти мобилизацэкIэ дашащ, хэти езыр-езыру контракткIэ дэкIащ, нэхъыщхьэращи, дэтхэнэри хэкупсэщ, лIыгъэ зыхэлъщ, псэ къару мыкIуэщI зиIэщ. Мис апхуэдэ ди зы хэкуэгъущ, ди лъэпкъэгъущ мы тхыгъэм и IэмалкIэ нэIуасэ фызыхуэтщIыну мурад тщIар. Ар СВО-р къызэрежьэрэ мобилизацэкIэ дашауэ лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ бжыгъэрэкIэ къызылъыкъуэкIа, зауэм…

Читать далее

Журналист гуащIафIэм ехъулIэныгъэр и мащIэкъым

Куэш-Хьэблэ къуажэм къыщыхъуа, СМИ зэхуэмыдэхэм илъэс 30-м зэрынэхьэс гуащIэ щызыгъэтIылъа, Iуэху зэхэщIыкI лъагэ зыбгъэдэлъ журналист, Къэрэшей-Черкес Республикэм и журналистикэ къулыкъум и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, жэуаплыгъэ зыхэлъ а лэжьыгъэ мытыншым ноби пэрыт АЛЭКЪЕЙ (Арчэлхэ япхъущ) Надеждэ щIэдгъэлъэпIэн щхьэусыгъуэ диIэщ. Иджы дыдэ ди лэжьэгъум и юбилей махуэщIыр игъэлъэпIащ. Надя и журналист гуащIэдэкI гъуэгуанэм и гугъу пщIымэ, илъэситхукIэ…

Читать далее

ХуабагъэкIэ нэгъуэщIым дэгуэшэф

ХабзэфI зэрыхъуам тету, мы гъэми, мэкъуауэгъуэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIэнущ IэщIагъэ мыпсынщIэр, ауэ мыхьэнэшхуэ зиIэр къыхэзыхам — социальнэ лэжьакIуэм и IэщIагъэ Махуэр. Къэрэшей-Черкес Республикэр къапщтэмэ, социальнэ къудамэм щылажьэ IэщIагъэлI 1560-м и нэIэм щIэтщ хэгъуэгум щыпсэум щыщу мини 139-м нэс. Абыхэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ, ахъшэ тыныгъэ, пособэ зэмылIэужьыгъуэ 40-м щIигъу яIэрохьэ. Федеральнэ, хэгъуэгу политикэм и унэтIыныгъэ…

Читать далее

Лъэпкъыбзэхэм зэрызрагъэужьым

Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Черкес къэрал университетым махуитIкIэ щылэжьащ «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр. Абыхэм къапэплъэмрэ я зыужьыныгъэмрэ» щхьэщIэдзапIэм щIэт етIуанэ Урысейпсо щIэнIуатэ конференцыр. ЩIэныгъэгъуазэ зиIэ лэжьыгъэу бгырыс къалэм къыщрахьэжьам хэта мастер-классхэмрэ секцэхэмрэ я IэщIагъэ зэхэщIыкIыр нэгъэсауэ къыщагъэлъэгъуащ Москва, Уфа, Къэзан, Саранск, Грознэ, Махъачкъалэ, Ставрополь, Псыхуабэ, Черкесскрэ Карачаевскрэ къикIа щIэныгъэрылажьэ 250-м. Бзэм и хъумакIуэхэм…

Читать далее