И щIэиныр мыкIуэдыжынщ

Псэужамэ, мы мазэм и ныбжьыр илъэси 100 ирикъунут РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, лъэпкъ щэнхабзэм и Iуэхузехьэ щэджащэ, «Эльбрус» къэфакIуэ ансамбль цIэрыIуэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, абы и унафэщIу щыта ЖЭГУЭТЭН Мыхьэмэт Iэмин и къуэр. Ар къыщыхъуащ Хъумэрэ къуажэм гъатхэпэм (мартым) и 4-м. Творческэ гъащIэм пыщIа хъуащ иджыри еджапIэм щеджэ щIыкIэ, художественнэ самодеятельностымкIэ гупым хэту. Щысабийм…

Читать далее

Ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ зыдж японхэр

Японием (Токио) щыщ къэфакIуэ икIи блогер, илъэс 20 зи ныбжь Нозаки Тайга Интернетым и социальнэ сайтхэм цIэрыIуэ щыхъуащ Ищхъэрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм зэрыдихьэхымкIэ. Иджыри курыт еджапIэм щыщIэсым Кавказым лъэпкъхэм я тхыдэм дихьэхат Нозаки. Ди къафэхэр къыщилъэгъуам къыщыщIэдзауэ, зэуэ дихьэхащ мы Iуэхум. Абы зэрыжиIэмкIэ, японхэр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэм, тхыдэм апхуэдэу щыгъуазэкъым, ауэ…

Читать далее

МЭРЗЕЙ Зое: «Зи бзэм мыхьэнэншафэ езыплъыжым тхьэмыщкIафэ къытоуэ»

АНЭДЭЛЪХУБЗЭМ теухуауэ щыIэ гурыгъузхэр мащIэкъым, ар хъумэным, зегъэужьыным, щIэблэм шэрыуэу яIурылъыным теухуауэ жаIари ятхари мащIэкъым. БзэщIэныгъэлIхэми адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэми абы хуэгъэза я гупсысэхэр куэдрэ утыку кърахьэ. Абыхэм ящыщщ Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм дэт курыт еджапIэм №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ илъэс 30-м щIигъуауэ щезыгъаджэ Мэрзей (Нот) Зое и еплъыкIэр: — Дэтхэнэ егъэджакIуэри сабийхэм я пащхьэ къыщихьэкIэ, дауи,…

Читать далее

«Зы къэрал — зы лъэпкъ»

Ди къэралым и Президент Путин Владимир мы гъэр лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу зэригъэувам ипкъ иту, Черкесск къалэм дэт СКГА-м «Зы къэрал — зы лъэпкъ» щхьэщӀэдзапӀэм щӀэту лекцэ-зэпсэлъэныгъэ щекӀуэкӀащ. «ЩӀэныгъэ» Урысей зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща Ӏуэхугъуэм кърагъэблэгъащ жылагъуэ лэжьакӀуэхэр, журналистхэр, властым и къулыкъухэм къабгъэдэкӀахэр, динырылажьэхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм я лӀыкӀуэхэр. «Зы къэрал — зы лъэпкъ» псалъэхэр къызэрыгуэкӀыу Ӏуми,…

Читать далее

ПсапащIэ Iуэхум и къарур лъэщщ

Бзылъхугъэхэм я Дунейпсо махуэм ипэ къихуэу «Зыуэ щыт Урысей» партым жылагъуэ дэӏэпыкъуныгъэмкӏэ и Штабым зэӏущӏэ гуапэ щекӏуэкӏащ, хэгъуэгум и мысату организацэхэм я унафэщӏ бзылъхугъэхэр хэту. Зэхыхьэр «Зэӏущӏэфӏхэр» жыхуиӏэ акцэм ипкъ иткӏэ къызэрагъэпэщащ. Нэхъыщхьэу абдеж щытепсэлъыхьащ мысату организацэхэм епха бзылъхугъэхэм я лэжьыгъэм и мыхьэнэ лъагэм, абыхэм я къарур зэхыхьэмэ, я лъэкӏыныгъэм нэхъри зэрефӏэкӏуэнум. Зэпсэлъэныгъэм хэтащ «Зыуэ…

Читать далее

Гулъытэр гуапэщ

Бзылъхугъэхэм я Махуэм ехъулӏэу, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Узденов Солтан, «Зыуэ щыт Урысей» партым и хэгъуэгу къудамэм хэтхэр, волонтерхэр щыхьэщӏащ зи ныбжь хэкӏуэтахэм я «Гармония» Унэинтернатым. Абы щыпсэу цӏыху 78-м ерыскъы ӏыхьэхэр хуашащ, дадэ-нанэхэм я щыӏэкӏэ-псэукӏэм щӏэупщӏащ. — Нобэрей акцэр, бзылъхугъэхэм я махуэщӏым хуэзами, Хэкум и хъумакӏуэхэм я Махуэри къызэщӏедгъэубыдащ, икӏи дэтхэнэми гулъытэ…

Читать далее

«Псори уэ езым къолъытащ!»

Дунейм и пIалъэ нэхъ дахэ дыдэщ гъатхэр: щIыуэпсым псэ къыхохьэж, къэкIыгъэхэм къэщIэрэщIэжын щIадзэ, псэущхьэхэм дыгъэр нэхъ гуапэ зэрыхъуар зыхащIэу къыпщохъу. А пIалъэ дахащэм, щIыIэмрэ уаемрэ нэхъ къарууншэ хъуауэ хуабэм и хьэмтетыгъуэм щIэбэнын щыщIидзэм, цIыху лъапсэм и Iыхьэ гуакIуэм — бзылъхугъэхэм — яхуэгъэза махуэщIыр — гъатхэпэм и 8-р — къэрал куэдым щагъэлъапIэ. Нобэ дгъэлъапIэ бзылъхугъэхэм я…

Читать далее

«Си къуажэр ефIэкIуэныр си хъуэпсапIэщ

ИНЖЫДЖЫШХУЭ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ пщэрылъымрэ жэуаплыгъэ хьэлъэ зыпылъ лэжьыгъэмрэ, цIыху минрэ щэм щIигъу здыдэс жылагъуэ цIыкIум и Iэтащхьэ IэнатIэ лъагэм илъэс еплIанэ хъуауэ бгъэдэтщ, апщыгъуэми, гуащIафIэу зи лэжьыгъэр зыгъэкIуатэщ ХЬЭКЪУН Заремэ (Хъарс Уэлий ипхъущ). Абыи гу лъыдмытэ хъункъыми, жылагъуэм и Iэтащхьэ пщэрылъхэр Заремэ къыщыхуагъэфэщам, абы и ныбжьыр илъэс 35-м щIигъуа къудейт… ГужьеинкIи зы хуэIуатэкъым….

Читать далее

IэщIагъэр псэкIэ къыхэзыха

Зы къуажэм, уеблэмэ, зы хьэблэ нэхъ димызэхуакуу, дыкъыщызэдэхъуащ, ныбжькIи дызэщхьэщымыкIыщэу, дыкъызэдэтэджащ, жыпIэнурамэ, ди сабиигъуэр зы пIалъэм щызэдетхьэкIащ илъэс тIощIым щIигъуауэ адыгэ газетым сызыдэлажьэ си къуажэгъу Дзэмыхь (Езауэхэ япхъущ) Маринэрэ сэрэ. Арами, дыщысабийм къыджаIатэмэ, журналист IэщIагъэм дызэришэлIэну, дауи, си фIэщ схуэщIынтэкъым … Нэхъыбэжи жысIэнщи, адыгэ газетым пыщIа сызэрыхъуамкIэ жэрдэмыр къызыбгъэдэкIауэ щытар Маринэщ. Усэ гуэрхэр си Iэдакъэ…

Читать далее

И псалъэр быдэщ, и Iуэхур пэжщ

СВО-р къыщежьэм, къэралым и къуэ, ипхъу хахуэхэр зы анэ и быну ем пэщIэуващ. Абыхэм ящыщщ зауэ операцэ хэхар къыщежьам, ипэм щегъэжьауэ хыхьауэ, нобэр къыздэсым хэт, Инжыджышхуэ къуажэм щыщ АШЫБОКЪУЭ Беслъэн Хъусин и къуэр. Къыхэгъэщыпхъэщи, Беслъэн щапхъэ зытрихын нэхъыжьыфIхэр иIэщ. Апхуэдэщ Хэку зауэшхуэм хэта и адэшхуэ Исмэхьил. ЗыгъэпсэхуакIуэ къыщыкIуа зэман кIэщIым къриубыдэу, адыгэлI хахуэм зэпсэлъэныгъэ драгъэкIуэкIами…

Читать далее