Хьэтызэ, къухьэжынукъым уи дыгъэр!
Скульптор лъэрыхь, егъэджакIуэ нэхъуса, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIЭМРЫГУ Хьэтызэ Iэмин и къуэр, псэужамэ, мы гъэм илъэс 75-рэ ирикъунут… КIэмрыгу Хьэтызэ 1950 гъэм мазаем и 16-м Хьэбэз къуажэм къыщыхъуащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ ар зэрысабий лъандэрэ IэщIагъэ хуэхъуну Iуэхугъуэм дихьэхт: ятIагъуэм зыгуэрхэр къыхищIыкIыныр фIэфI дыдэт. Гъэмахуэ зэрыхъуу анэм къуэр унэм къыхуешэлIэжтэкъым – щIалэ цIыкIур пщэдджыжьым…