Зауэм халъхуам и гукъэкIыжхэр

Зауэм халъхуа сабийхэм псоми я гъащIэр зэхуэдэкъым. Ауэ абыхэм ящыщ дэтхэнэми фIэкIуэдащ и сабиигъуэ дахэр, ар и ныбэ изу шхакъым, абы и фэ изу зихуэпакъым. Пасэу балигъ хъуа нану цIыкIухэри зэрахузэфIэкIкIэ пэщIэтащ зауэмрэ абы къыщIэна гугъуехь къызэрымыкIуэхэмрэ. Абыхэми яхуэфащэщ пщIэ лейрэ гулъытэрэ. Зауэм хэмытами, ахэри лIыхъужьщ. Абы къыхэкIыу, налкъутналмэсым хуэдэу зэхудохьэсыж зауэм халъхуахэм я гукъэкIыжхэмрэ…

Читать далее

Дэ ТекIуэныгъэм дрищIэблэщ!

Мазэ псом къриубыдэу ди хэгъуэгум щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я махуэщI къызэрымыкIуэхэр щекIуэкIащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, РЦНК-м и унафэм щIэту, республикэм и къалэ, муниципальнэ районхэм и щэнхабзэ къудамэхэм я лэжьыгъэм и къэпщытэжыныгъэу концерт-зэпеуэхэр къызэрагъэпэщащ.Абы ипкъ иту, зыгъэлъэгъуэныгъэхэм я чэзур къылъысащ Хьэбэз районым и щэнхабзэ къудамэми. ТекIуэныгъэм и илъэс 80-м траухуа,  «Дэ — ТекIуэныгъэм дрищIэблэщ!» зыфIаща концертым ухишэу, щэнхабзэмкIэ…

Читать далее

АДЫГЭЛI нэсым и щапхъэт

Мы гъэм мазаем и 6-м къыдэкІа, зи №8 «Черкес хэку» газетым, «Гъуазджэр зи Іэпэгъуу псэуа» фІэщыгъэцІэм щІэту, Къэзэнокъуэ Хьэсэмбий и тхыгъэ тетащ. Езыр зыщыщ Зеикъуэ къуажэм, и къуажэгъухэм яхуищІ пщІэм и щы-хьэту, ди нэхъыжьыфІыр газетым къыхуотхэ зэпыт, и гукъэкІыж куэдымкІэ къыддогуашэ. Мис, мызыгъуэгуми апхуэдэ зыти, и тхыгъэр триухуащ гулъытэу лъэпкъым хуищІыпхъэр щызу зрамыгъэгъуэта, ауэ зи…

Читать далее

Партизанхэр зауэ илъэсхэм

Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм партизанхэм икъукIэ хэщІыныгъэшхуэ бийм къыхуахьащ. БжыгъэхэмкІэ къапщтэмэ, нэмыцэ сэлэту, офицеру 1800-м щІигъу, танк, бронемашинэ 11, автомашинэ 22-рэ хэщІыныгъэу фашистхэм ирагъэгъуэтащ. Абы къинэмыщІауэ, лъэмыж 17, телефон зэпыщІэныгъэ линэ километр 30 къагъэуащ. Кавказ щхьэдэхыпІэ Нэхъыщхьэхэм я хуитыныгъэм щІэбэнащ партизан гуп 12-17-м нэс. Абыхэм хэта, ди хэгъуэгум и партизанхэр я бжыгъэкІэ 1200-рэ хъут, абы…

Читать далее

«ГъащIэм пхухихам уфIэкIынукъым»

«Щхьэмыгъазэ» жиIэмэ, абы и мыхьэнэр — хъыжьэ, ерыщ, къикIуэтрэ шынэрэ зымыщIэщ. А зы псалъэмкIи къэбгъэлъэгъуэфынущ мы тхыгъэр зытеухуа, Куэш-Хьэблэ къуажэм щыщ ГЪУКIЭ Алий и хьэлыр. И ныбжьым емылъытауэ (илъэс 28-рэ), абы хущIыхьащ гъащIэм и гуащIэгъуэм хэплъэну. Зауэ операцэ хэхар къыщежьа къудейм, мазэ нэхъ темыкIауэ, езым и арэзыныгъэ хэлъу абы кIуауэ щытащ. Абы лъандэрэ зауэлIыр щэнейрэ…

Читать далее

 Хьэтызэ, къухьэжынукъым уи дыгъэр!

 Скульптор лъэрыхь, егъэджакIуэ нэхъуса, КъЧР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIЭМРЫГУ Хьэтызэ Iэмин и къуэр, псэужамэ, мы гъэм илъэс 75-рэ ирикъунут…  КIэмрыгу Хьэтызэ 1950 гъэм мазаем и 16-м Хьэбэз къуажэм къыщыхъуащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ ар зэрысабий лъандэрэ IэщIагъэ хуэхъуну Iуэхугъуэм дихьэхт: ятIагъуэм зыгуэрхэр къыхищIыкIыныр фIэфI дыдэт. Гъэмахуэ зэрыхъуу анэм къуэр унэм къыхуешэлIэжтэкъым – щIалэ цIыкIур пщэдджыжьым…

Читать далее

Адышэсым и «бжыгъэрыгъажэр»

Газетым и щIэджыкIакIуэхэм я нэIуасэщ АДЫШЭС Азэмэт. Ар егъэджакIуэ къудейкъым, атIэ лъэныкъуэ куэдкIэ узэщIыныгъэрэ гупсысэ гъэтIысарэ зыбгъэдэлъ лъэпкъыпсэщ. Мы щIалэр гъущIым, фэм, пхъэм хуабжьу хуэIэкIуэлъакIуэщ, сабийхэри цIыхубэ IэщIагъэхэм хуегъасэ. ЩIалэ цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэн дыдэу авиамоделированэ, робототехникэ лъэныкъуэхэмкIэ ядолажьэ… Иджыри куэду къеббжэкIыфынущ хьэбэздэс щIалэм илэжь IуэхущIафэу. ЖысIэнщи, Азэмэт зытелажьэ Iуэхухэм теухуауэ илъэс блэкIа къудейм тхыгъищ адыгэ газетым…

Читать далее

Вындыжь Марие и насып щыгъэхэр

Адыгэу дунейм тет псоми зэдэдгъэлъапIэ махуэщIыр, Адыгэ тхыбзэм и Махуэр, зытещIыхьар ди анэдэлъхубзэр хъумэнырщ, абы зегъэужьынырщ, щIэблэхэм гъащIэ гъуэмылэу къахуэгъэнэнырщ. Адыгэбзэр и псэм щыщ налъэу, и гум и къуэпсу къэзылъытэу зи дунейр езыхьэкI хэкупсэхэм ящыщщ усакIуэ, уэрэдус цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэ редакцэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и къудамэм илъэс куэдкIэ щылэжьа ВЫНДЫЖЬ Марие Николай и пхъур….

Читать далее