«Дыдейхэр къэдгъанэкъым»

… Зауэ гъуэгуанэм щыуагъэ къыпхуигъэгъунукъым. Мыбдеж дэтхэнэ зы транспортри — бий «къуалэбзухэр» зыщӀэхъуэпсщ. Ди «буханкэр» бийм зыздагъэбыда щӀыпӀэхэм блэжыфын папщӀэ, хьэуам кӀэлъыплъ ди сэлэтхэм набдзэгубдзаплъэу уафэр «къахутащ», инженер-тӀасхъэщӀэххэм метр къэс дэтхэнэ лъагъуэри щӀаплъыкӀащ. Апхуэдэу, абыхэм бийм къытхуигъэтIылъа «тыгъэ» мымащӀэ ди гъуэгум трагъэкъэбзыкӀащ. Апщыгъуэм сэ ажалым сыкъезыгъэлахэр бгырыс щӀалитӀу къыщӀэкӀащ — Урусов Тауланрэ Гъуэзджэш Беслъэнрэ. Абыхэмрэ…

Читать далее

Зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэныр нэхъыщхьэу

Тхьэмахуэ кIуам КъЧР-м и ДУМ-м, республикэм и муфтий Эркенов хьэжы Мухьэммад я пашэу, лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм я тхьэмадэхэр, медицинэм и лэжьакIуэхэр зыхэта «Iэнэ хъурей» зэIущIэшхуэ щекIуэкIащ. Республикэм щыпсэу лъэпкъ хасэхэм я тхьэмадэхэм абдеж къыщыхалъхьат Духовнэ Управленэм зэдэлэжьэныгъэ зэгурыIуэныгъэ дащIу, жылагъуэр зыщIэупщIэ, зыгъэпIейтей Iуэхухэм дяпэкIэ зэдытепсэлъыхьыну, зэдытелэжьэну. Къыхэлъхьэныгъэр динырылажьэ пашэм ядищтащ. Абы къыщымынэу, зэман куэд темыкIыу,…

Читать далее

«Уасэншэ лъапIагъэхэр зэдэтхъумэу»

УФ-м и Президент Путин Владимир зэригъэнэIуауэ, 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу ягъэуващ. Мазаем (февралым) и 5-м ар хэIэтыкIауэ къызэIухыным теухуа дауэдапщэхэр щекIуэкIащ Москва къалэм дэт «Урысей» зи фIэщыгъэцIэ лъэпкъхэм я Купсэм. Ди къэралым и ЛIыщхьэр зыхэта Iуэхугъуэ дахэм къызэщIригъэубыдащ хэгъуэгу 89-м къабгъэдэкIа цIыху мини 3-м щIигъу. Илъэсым и щIэдзапIэ хуэхъуащ мы…

Читать далее

Жылэм и махуэщIыр ирашажьэ

Адыгэ-Хьэблэм и гуфIэгъуэ илъэсыр хэIэтыкIауэ иджыблагъэ щрагъэжьащ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм и пэшышхуэм. Псоми я зэхуэдэ махуэщIым пежьэу, къуажэм и нэхъыжьыфIхэри щIалэгъуалэри къызэхуэсащ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэр къызэIуихащ Адыгэ-Хьэблэ муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Астэжь Мыхъутар. — Илъэси 100-р тхыдэмкIэ мыныбжьышхуэми, Адыгэ-Хьэблэ къуажэмкIэ ар щIэблэ хъарзынэ зыбжанэ — къуажэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэр, зыухуахэр, езыгъэфIэкIуахэр къызэщIэзубыдэ пIалъэщ….

Читать далее

Илъэс лэжьыгъэр къапщытэжу

Къэрэшей-Черкес Республикэм и МВД-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщапщытэжащ 2025 гъэ лэжьыгъэр. ЗэIущIэм хэтащ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, республикэм и хабзэхъумэ къулыкъухэм я унафэщIхэр, республикэм и ФСБ-р, Прокуратурэр, МВД-м и къудамэхэр, къулыкъум и ветеранхэр. УФ-м и Президент Путин Владимир МВД-м и къалэн нэхъыщхьэхэр игъэнэIуащ—жылагъуэм и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщын, цIыхубэм, лъэпкъхэм я хабзэ, щэнхабзэ фIыгъуэхэр хъумэн, зэпIэзэрытыныгъэм еныкъуэкъухэм…

Читать далее

Дызыхуэныкъуэну IэщIагъэлIхэр

Къэрэшей-Черкесым и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат хэтащ гуащIэдэкI сату утыкур зэфIэгъэувэжынымкIэ лажьэ къулыкъузэпх лэжьакӀуэ гупым и зэIущIэм. Ар екIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ и унафэм щIэту. Ахэр тепсэлъыхьащ 2026 гъэм къыщегъэжьауэ 2036-м пщIондэ Урысей Федерацэм и экономикэр зыхуэныкъуэну IэщIагъэлӀхэр зыхуэдизыр гъэнэIуэным. Голиковэ Татьянэ хэIущIыIу зэрищIамкIэ, 2026 гъэм икIэм…

Читать далее

ЗэхъуэкIыныгъэхэм гу лъытапхъэщ

2026 гъэм пенсэхэм, пособэхэм, хуэгъэкIуэтэныгъэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я журналистхэр щигъэгъуэзащ Урысейм и Социальнэ фондым (СФР) и Къэрэшей-Черкес къудамэм и унафэщI УЭЗ Аслъэн. — ХабзэфI зэрыхъуауэ, илъэсыр пенсэ индексацэхэмкIэ щIедзэ. АтIэ, пенсэ гъэувыкIэм, индексацэм ехьэлIа сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм къару ягъуэта 2026 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ? — УпщIэр игъуэ дыдэщ, сыту…

Читать далее

Ленинград хуит къыщащIыжа махуэм

«Архив теплъэгъуэхэр — 1943 гъэм щӀышылэм и 18-м ТекӀуэныгъэ Нып Плъыжьыр Шлиссельбург щхьэщыту… А махуэм, илъэс 83-кӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, ди совет зауэлIхэм Ленинград блокадэр зэпаупщӀауэ щытащ. А текӀуэныгъэм ленинграддэс мелуанхэм гугъэ къаритыжащ, зэрыкъэралу лӀыхъужьыгъэщӀэхэм къыхуигъэушащ. ФӀыщӀэрэ пщӀэрэ яхуэтщӀу, дригушхуэу дигу къыдогъэкӀыж а махуэхэм я лӀыхъужьхэр: Ленинград, Волхов фронтхэм я зауэлӀхэр, абыхэм Къэрэшей-Черкесым щыщхэри яхэтащ, блокадэм хэхуа…

Читать далее

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсым

Шхыныгъуэхэм я лъэтеувэ ЩIышылэм (январым) и 25-м Черкесск къалэм дэт «Бгырысым и тэхъуанэ» («Хижина горца») ресторан-музейм гуфIэгъуэ гъэпсыкIэм иту къыщызэIуахынущ «Гъунэ зимыIэ пщэфIапIэ» («Кухня без границ») къэралыбэ хьэщIэгъафIэ форум иныр. ТхьэмахуитIкIэ екIуэкIыну а дауэдапщэм и ублапIэ хъунущ Къэрэшей-Черкес Республикэр. Абы къызэщIиубыдэнущ Ищхъэрэ Кавказым и хэгъуэгу псори. Мы Iуэхур къызэрагъэпэщащ Нартсанэ (Кисловодск) къалэр зи хэщIапIэ «Федерация…

Читать далее