Зэныбжьэгъугъэм и Унэ
КъЧР-м и Ӏэтащхьэ Темрезов Рэшид лэжьыгъэ ӀуэхукӀэ ӀущӀащ Черкесск къалэм и мэр Баскаев Алексей. Ахэр тепсэлъыхьащ «эфир занщӀэ»-м ипкъ иту цӀыхухэм къабгъэдэкIа лъэӀухэр зэхэгъэкӀыным. Нэхъыбэу упщӀэхэр зытеухуар фэтэр куэду зэхэт унэхэм я щытыкӀэращ, пщӀантӀэхэр зэгъэпэщынращ, жылагъуэ транспортращ, пхъэнкӀийхэр игъуэу Ӏухынращ. Баскаев Алексей республикэм и унафэщӀыр щигъэгъуэзащ цӀыхухэм я лъэӀухэр псори зэфӀэхыным яужь зэрихьам. Мэрием и…