Дызыхуэныкъуэну IэщIагъэлIхэр

Къэрэшей-Черкесым и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат хэтащ гуащIэдэкI сату утыкур зэфIэгъэувэжынымкIэ лажьэ къулыкъузэпх лэжьакӀуэ гупым и зэIущIэм. Ар екIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ и унафэм щIэту. Ахэр тепсэлъыхьащ 2026 гъэм къыщегъэжьауэ 2036-м пщIондэ Урысей Федерацэм и экономикэр зыхуэныкъуэну IэщIагъэлӀхэр зыхуэдизыр гъэнэIуэным. Голиковэ Татьянэ хэIущIыIу зэрищIамкIэ, 2026 гъэм икIэм…

Читать далее

ЗэхъуэкIыныгъэхэм гу лъытапхъэщ

2026 гъэм пенсэхэм, пособэхэм, хуэгъэкIуэтэныгъэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм республикэм и цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм я журналистхэр щигъэгъуэзащ Урысейм и Социальнэ фондым (СФР) и Къэрэшей-Черкес къудамэм и унафэщI УЭЗ Аслъэн. — ХабзэфI зэрыхъуауэ, илъэсыр пенсэ индексацэхэмкIэ щIедзэ. АтIэ, пенсэ гъэувыкIэм, индексацэм ехьэлIа сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм къару ягъуэта 2026 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ? — УпщIэр игъуэ дыдэщ, сыту…

Читать далее

Ленинград хуит къыщащIыжа махуэм

«Архив теплъэгъуэхэр — 1943 гъэм щӀышылэм и 18-м ТекӀуэныгъэ Нып Плъыжьыр Шлиссельбург щхьэщыту… А махуэм, илъэс 83-кӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, ди совет зауэлIхэм Ленинград блокадэр зэпаупщӀауэ щытащ. А текӀуэныгъэм ленинграддэс мелуанхэм гугъэ къаритыжащ, зэрыкъэралу лӀыхъужьыгъэщӀэхэм къыхуигъэушащ. ФӀыщӀэрэ пщӀэрэ яхуэтщӀу, дригушхуэу дигу къыдогъэкӀыж а махуэхэм я лӀыхъужьхэр: Ленинград, Волхов фронтхэм я зауэлӀхэр, абыхэм Къэрэшей-Черкесым щыщхэри яхэтащ, блокадэм хэхуа…

Читать далее

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсым

Шхыныгъуэхэм я лъэтеувэ ЩIышылэм (январым) и 25-м Черкесск къалэм дэт «Бгырысым и тэхъуанэ» («Хижина горца») ресторан-музейм гуфIэгъуэ гъэпсыкIэм иту къыщызэIуахынущ «Гъунэ зимыIэ пщэфIапIэ» («Кухня без границ») къэралыбэ хьэщIэгъафIэ форум иныр. ТхьэмахуитIкIэ екIуэкIыну а дауэдапщэм и ублапIэ хъунущ Къэрэшей-Черкес Республикэр. Абы къызэщIиубыдэнущ Ищхъэрэ Кавказым и хэгъуэгу псори. Мы Iуэхур къызэрагъэпэщащ Нартсанэ (Кисловодск) къалэр зи хэщIапIэ «Федерация…

Читать далее

ГукIи-псэкIи дащIыгъущ

ИлъэсыщIэпежьэу, дыгъэгъазэм и 30-м Хьэбэз районым щыIэ «Родные сердца» жэрдэмщIакIуэ гупым къабгъэдэкIыу СВО-м ирагъэшащ къыкIэлъыкIуэ гуманитар гулъэр: техникэ, зауэлIхэмкIэ нэхъапэ хьэпшыпхэр, IэфIыгъэкIэхэр, тхыгъэ гуапэхэр, ерыскъыхэкIхэр. ЖыIэпхъэщи, мыпхуэдэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэхэр зэхуэхьэсынри, СВО щIыпIэхэм егъэшэнри ирагъэкIуэкI КъЧР-м и Iэтащхьэм къызэригъэпэща, Зыуэ щыт республикэ оперативнэ штабым и нэIэм щIэту. Хьэбэз районым щылажьэ псапащIэ гупым и пашэр, и унафэщIыр…

Читать далее

Къалэнхэр, пщэрылъхэр

Къэрэшей-Черкесым и Ӏэтащхьэ Темрезов Рэшид лэжьыгъэ ӀуэхукӀэ ӀущӀащ республикэм и Правительствэм и тхьэмадэ Аргун Мурат. Ахэр Урысейм и Президент Путин Владимир и унафэхэр гъэзэщӀэнымкӀэ къалэн нэхъыщхьэхэмрэ 2026 гъэм социально-экономикэ зыужьыныгъэмкӀэ мурадхэмрэ тепсэлъыхьащ. Апхуэдэу, мыхьэнэ зиӀэ унэтӀыныгъэ зыбжанэм хэплъахэщ. «АдэкӀи делэжьэнущ узыншагъэр хъумэнымкӀэ бэзым зегъэужьыным, егъэджэныгъэм и фӀагъыр къэӀэтыным, демографие щытыкӀэр егъэфӀэкӀуэным. Унафэ щхьэхуэщ икӀи икъукӀэ…

Читать далее

Зи псалъэр жанхэм

Черкесск къалэм дэт печатым и Унэм щагъэлъэпIащ хэгъуэгум къыщыдэкI лъэпкъ газетхэм, тхылъ тедзапIэм я лэжьакIуэхэр. Дауэдапщэр къызэрагъэпэщащ журналистхэмрэ тхылъхэр дунейм къытезыгъэхьэхэмрэ я IэщIагъэ махуэщIым — печатым и Махуэм — ипкъ иту. МахуэщIыр зейхэм яхъуэхъуну къеблэгъащ Къэрэшей-Черкесым лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Есенеев Мурат, Урысейм и журналистхэм я Союзым и хэгъуэгу къудамэм и тхьэмадэ…

Читать далее

Зэныбжьэгъугъэм и Унэ

ЧЕРКЕССК КЪАЛЭМ дэт щэнхабзэмкIэ Унэм КъэрэшейЧеркесым и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лъэпкъзэпх Хасэм (межнациональный Совет) хэтхэр щызэIущIащ. Абы хэтащ къэрал власть къулыкъухэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ организацэхэм я тхьэмадэхэр, республикэ СМИ-м къыбгъэдэкIахэр. ЗэIущIэм къеблэгъащ КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Хубиев Марат. Ахэр тепсэлъыхьащ 2026 гъэм ди хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр,…

Читать далее

Лъэпкъхэр — зы унагъуэу

2025 гъэм и кIэухыу, УФ-м и Президент Путин Владимир Къэрал Советым хэтхэм яIущIащ икIи абдеж щигъэнэIуащ 2026 гъэр урысей цIыхубэм и зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу зэрыщытынур. Унафэ щхьэхуэу къыдэкIащ ар, Президентым и IэпэкIэ щIэгъэбыдэжауэ. «Апхуэдэ унафэм нэхъри егъэнаIуэ зыуэ дыщытыным, дызэкъуэтыным и мыхьэнэр, ар — къэралым зэпымыууэ и зыужьыныгъэм лъабжьэ уасэншэ зэрыхуэхъур. АтIэ, а лъэныкъуэхэм гулъытэ…

Читать далее