Жылэм и махуэщIыр ирашажьэ
Адыгэ-Хьэблэм и гуфIэгъуэ илъэсыр хэIэтыкIауэ иджыблагъэ щрагъэжьащ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм и пэшышхуэм. Псоми я зэхуэдэ махуэщIым пежьэу, къуажэм и нэхъыжьыфIхэри щIалэгъуалэри къызэхуэсащ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэр къызэIуихащ Адыгэ-Хьэблэ муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Астэжь Мыхъутар. — Илъэси 100-р тхыдэмкIэ мыныбжьышхуэми, Адыгэ-Хьэблэ къуажэмкIэ ар щIэблэ хъарзынэ зыбжанэ — къуажэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэр, зыухуахэр, езыгъэфIэкIуахэр къызэщIэзубыдэ пIалъэщ….