Псыдзэм зэрызыщахъумэнур
Къэрал программэм и къэухьхэм иту, 2025 гъэм лэжьыгъэшхуэ зэфIахынущ псы Iуфэхэр гъэбыдэнымрэ псы ежэхыпIэхэр гъэкъэбзэнымрэ яхуэунэтIауэ. 2025-2026 гъэхэм псы Iуфэхэр щагъэбыдэнущ, псы ежэхыпIэхэр щагъэкъэбзэнущ Карачаевск къалэ округым хыхьэ, метр 1376-рэ зи кIыхьагъ псыжьыпс Iыхьэм, Учкекен къуажэм и Iэгъуэблагъэм щыIэ Эшкакон псым метр 2173-рэ зи кIыхьагъ и Iыхьэм. Ягъэкъэбзэну къапэщылъщ Прикубан, Усть-Жэгуэтэ муниципальнэ районхэм, Черкесск къалэм…