«Жылагъуэ, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр тхъумэн хуейщ»
УФ-м и Президент Путин Владимир ядищтащ 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу гъэлъэпӀэным теухуа къыхэлъхьэныгъэр икӀи пщэрылъ яхуищӀащ абы теухуа унафэхэр ягъэхьэзырыну. Ар наӀуэ щыхъуащ лъэпкъ зэхущытыкӀэхэмкӀэ Президентым и деж щыӀэ Советым и зэӀущӀэм. «Жылагъуэ, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр тхъумэн хуейщ. Егъэлеиныгъэ хэмылъу, аращ нэхъ мыхьэнэ ин дыдэ зиӀэр, ди щхьэхуитыныгъэм и тегъэщӀапӀэ нэхъыщхьэр….