ГъуэгуанэщIэ къыпоплъэ

Абхъаз Республикэм и Президенту хаха Гунбэ Бадрэ и инаугурацэм Къэрэшей-Черкес Республикэм къыбгъэдэкІыу лІыкІуэ гуп щыІащ, республикэм и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид я пашэу. Ди хэгъуэгум щыпсэухэм, и щхьэкІэ къыбгъэдэкІыу Абхъазым и Президентым ехъуэхъуащ Темрезов Рэшид. «Гунбэ Бадрэ Зураб и къуэр — политик Іэзэщ, Хэкум къулыкъу хуэщІэнымкІэ зэфІэкІышхуэ къигъэлъэгъуащ и гуащІэдэкІ илъэсхэм къриубыдэу. А псори цІыхубэм къыхилъытащ…

Читать далее

Зичэзу е 9-нэ сессиер зэхэтащ

 КъЧРм и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламеным) и VII зэхуэшэсыгъуэм и зичэзу е 9-нэ сессиер зэхэтащ. Пленар зэIущIэм и лэжьыгъэм къеблэгъащ респу­бликэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. КъЧРм и Парламентым и спикер Иванов Александр и унафэм щIэту парламентарийхэр упщIэ 21м хэплъащ.  2024 гъэм Къэрэшей-Черкесым и щIыналъэм жылагъуэ Iэдэбыр щыхъумэнымрэ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымрэ япкъ иту ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ убгъуауэ къэпсэлъащ…

Читать далее

IуэхуфIхэр, гупсысэ узыншэхэр

 Муслъымэну дунейм тетымкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ нэщI мазэ лъапIэр иухащ. НэщIыр къызэрихьэрэ районкIэрэ, къуажэкIэрэ, республикэм и къалащ­хьэми щекIуэкIащ пщыхьэщхьэ зэдыхэщхьэж пшыхьхэр, жумэ нэмэзхэр. Гъатхэпэм и 29-м, Рэмэдан мазэм и иужьрей махуэм, Черкесск къалэм дэт Соборнэ мэжджытышхуэм, «Шатёр Рамадана 2025»-м щекIуэкIащ КъЧР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэ­пэща хэщхьэжыр. ХьэкъыпIэкIэ ар, зэрыжаIа дыдэу, «интернациональнэ» хъуащ. АтIэ, лъэпкъ…

Читать далее

Бзэр лъэпкъым и фащэщ

Ар къокIуэ дызэрыбауэ хьэуам хэту, псэм пэгъунэгъуу, Iэпкълъэпкъым хэгуэшауэ. Абы блэкIар къепщытэж, ит зэманыр егъэнаIуэ. Лъэпкъым и къэкIуэнур зыхуэдэнум ущегупсыскIи узэжалIэр аращ. Бзэмрэ хабзэмрэ зэщIыгъущ, абыхэм къапкърокIыж лъэпкъым и шыфэлIыфэ екIухэр… Сыт хуэдэ адыгэ лъэ пкъым и хьэлыр, и хабзэр, и щэнхабзэр? Нобэ бзэр хъу мэным хуэныкъуэ е езы лъэпкъыр къихъумэрэ абы? Сыт хуэдэ Iэмалхэр…

Читать далее

Гъатхэпэм и 14-р — адыгэбзэм и Махуэщ

2000 гъэм мэлыжьыхь (апрель) мазэм и 10-м Адыгэ Республикэм и лIыщхьэу тета Джарым Аслъэн и Iэпэ щIэлъу Унафэ къыдэкIауэ щытащ гъатхэпэм (мартым) и 14-р — адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я Махуэу зэрагъэувамкIэ. Тегъэчынауэ а махуэр къыхэхыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар лъэпкъым и узэщIакIуэ Бырсей Умар игъэхьэзыра, «Букварь черкесского языка» тхылъыр 1853 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 14-м Тифлис къалэм…

Читать далее