Накъыгъэм и 21-м — илъэс 161-рэ ирикъуащ Кавказ зауэжьыр зэриухрэ
ИЛЪЭС КЪЭС, накъыгъэм и 21-м дуней псом адыгэу тетым дигу къыдогъэкIыж Кавказ зауэм хэкIуэдахэр. Илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэжьым адыгэ лъэпкъым къриха лейр гуащIэу зэрыщытар ноби зыхыдощIэ, ар узу ди гум илъщ. Пэжщ, илъэси 161-рэ мэхъу а зауэр зэриухрэ, ауэ кIыжыркъым а уIэгъэр. Сыту жыпIэмэ, и Iэужьыр гъэзэкIуэжыгъуейщ — адыгэр дунейм текъухьа хъуащ. Лъэпкъым и Iыхьэ…