«ZaЩИТа» проектыр

Къэрэшей-Черкесым и къалащхьэ Черкесск физкультурникым и Махуэм ипкъ иту «ZaЩИТа» проектым и иужьрей дауэдапщэр щекIуэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, СВО-м хэт зауэлIхэм я сабийхэм папщIэ къызэрагъэпэща, кибершынагъуэншагъэмрэ медиащIэныгъэмрэ хуэгъэпса гъэмахуэ лагерщ ар. «Бадзэуэгъуэ мазэм къриубыдэу, СВО-м хэт зауэлIхэм я сабийхэм папщIэ «Академия детства» сменэ псо къызэдгъэпэщауэ щытащ. Абы зи адэхэр иджыкIэ зауэм Iут сабии 100-м нэблагъэ хиубыдащ….

Читать далее

«Хэкум и хъумакIуэхэр»

«Защитники Отечества» Фондым Къэрэшей-Черкесым щиIэ къудамэм СВО-м хэт е хэта зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ щхьэпэ зэрахуэхъун лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд ирегъэкIуэкI. Апхуэдэщ зауэм и ветеранхэм я реабилитацэм, посттравматическэ стресс щытыкIэм (ПТСР) япха гулъытэ Iуэхугъуэхэри. Махуэ къэс зэхэщIыкI зиIэ психологхэм зэпсэлъэныгъэхэр, зэIущIэхэр ирагъэкIуэкI. Зауэр зи нэгу щIэкIа щIалэ куэдым абдеж щалъэгъуа гукъутэ къэхъукъащIэхэм къагъэщIа псэщытыкIэ, гупсысэ нэщхъыджэхэм…

Читать далее

Псы къабзэкIэ

«Зыуэ щыт Урысей» партым и Къэрэшей-Черкес къудамэм къыбгъэдэкIыу, Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщу псыншэу къэна унагъуэхэм псы бащырбэ тоннипщI хурагъэшащ, Урысейм и МЧС-м КъЧР-м щиIэ Управленэ Нэхъыщхьэм и хьэлъэзешэ машинэхэмкIэ. «КъыкIэлъыкIуэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэр ДНР-м дутIыпщащ. Донбасс щIыналъэм щыпсэухэм защIэгъэкъуэнымкIэ ди хэгъуэгум иригъэкIуэкI псапащIэ Iуэхухэм япкъ иту, мызыгъуэгум гуманитар гулъэр игъэхьэзыращ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парла-ментым) и…

Читать далее

Лэжьыгъэ IуэхукIэ

 Урысей Федерацэм и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу СКФОм щыIэ Чайкэ Юрий лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэрэшей – Черкесым къэкIуащ икIи ди хэгъуэгум и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид IущIащ. Ахэр ирипсэлъащ КъэрэшейЧеркесым и социальноэкономическэ зыужьыныгъэм 2025 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыпэкIуахэм, лъэпкъ, инвестиционнэ проект­хэр зэрагъэзащIэм, псалъэм и жыIэгъуэкIэ, КъэрэшейЧеркесым и япэ кхъухь­лъатэтедзапIэм и ухуэныгъэр зэрекIуэкIым, социальнэ инфраструктурэм адэкIэ…

Читать далее

Лъэпкъым и псэр зыгъэпхъэр

Бадзэуэгъуэм (июлым) и 23-р абазэ лъэпкъымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэщIщ. А зы махуэм лъэпкъым и Iуэхугъуищ къызэщIеубыдэ — лъэпкъ щэнхабзэм, ныпым, «Абазашта» газетым я махуэщIхэр зэдагъэлъапIэ. Ар и щхьэусыгъуэуи мы гъэми Черкесск къалэм «Абаза» щэнхабзэ-спорт фестивалышхуэ щызэхэтащ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэр мы гъэм епщIанэрейуэ ирагъэкIуэкI. А Iуэхугъуэр къыхилъхьауэ щытащ «Алашара» къэралыбэ зэгухьэныгъэм и президент Ечзэч Мусэ. Лъэпкъым и…

Читать далее

Мамыр гъащIэм хашэж

Зауэ операцэ хэхам хэтхэм я IэщIагъэ IэпщIэлъапщIагъыр здагъэунэху «Абилимпикс» япэ зэхьэзэхуэм бадзэуэгъуэм и 29-м Къэзан къалэм лэжьэн щыщIидзащ. Мы зэпеуэр щхьэпэщ зэуапIэм Iуту уIэгъэ хъуахэм IэщIагъэщIэхэр зрагъэгъуэтынымрэ мамыр гъащIэм хыхьэжынымрэкIэ. КъЧР-м и пщIэр яIэту зэхьэзэхуэм хэтщ «Абилимпикс» хэгъуэгу къекIуэкIыгъуэм и финалым нэса зауэлIиплI. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри щапхъэ нэс ирокъу СВО-м и ветеранхэр жылагъуэм, IэщIагъэхэм тыншу…

Читать далее

«ЩыIэкIэшIу яIэным иамал ятыгъэн фае»

Зи Хэкужъ къэзыгъэзэжьыгъэм и Мафэ ипэгъокIэу къэралыгъо программэу «Тилъэпкъэгъухэу IэкIыб къэралхэм арысхэр ежьхэм яшIоигъоныгъэкIэ Адыгэ Республикэм къэкощыжьынхэмкIэ IэпыIэгъу ятыгъэныр» зыфиIорэм игъэцэкIэн зэрэлъыкIуатэрэм тыщигъэгъозагъ АР-м лъэпкъ IофхэмкIэ, IэкIыб къэралхэм ащыпсэурэ зэлъэпкъэгъухэм адыряIэ зэпхыныгъэхэмкIэ ыкIи къэбар жъугъэм иамалхэмкIэ и Комитет итхьаматэу ШЪХЬЭЛЭХЪО Аскэр. Комитетым итхьаматэ пэублэм къызэриIуагъэмкIэ, къэралыгъо программэр 2019-рэ илъэсым къыщыублагъэу тишъолъыр щагъэцакIэ. Ар зыфэIорышIэрэр IэпэIэсэныгъэ…

Читать далее

Ди лъэпкъэгъу, хэкуэгъу лъапIэхэ!

Ди гуапэу дывохъуэхъу МахуэшхуэмкIэ — зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я МахуэмкӀэ! Мы махуэ щӀэщыгъуэм дигу къегъэкӀыж илъэс 27-кӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, 1998 гъэм шыщхьэӀум и 1-м къэхъуа Ӏуэхугъуэшхуэр. А махуэ дыдэм, Урысей Федерацэм и унафэщӀхэм я дэӀэпыкъуныгъэкӀэ, япэу ди хэкуэгъу гуп лъапӀэ лъахэм къыщытеуващ – Косовэ Автоном щӀыналъэм щыщ адыгэ (шэрджэс) хэхэсхэр. Къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэр зыхэс…

Читать далее

«ФIы щIэи псым хэдзэ»

Къэрэшей-Черкес Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат АСЛЪЭНХЭ Алий дыдэуэршэращ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я Махуэм — шыщхьэIум (августым) и 1-м ирихьэлIэу. КъэтIэта упщIэхэр ятеухуауэ щытащ хэхэсу щытауэ хэкурыс хъужа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я адэжь лъахэр зэрагъуэтыжам, я щыIэкIэпсэукIэм, къызыхэтIысхьа жылагъуэм зэрыхэпсэухьым, Адыгэ Хасэр абыхэм зэрапыщIам,…

Читать далее

Адыгэр зы дыхъужынщ

Мы дуней псом щикъухьа Адыгэ лъэпкъыу лъэпкъ хъыжьэ, Уи дыгъэр уэ къуэмыхьа, — Узыншэщ адэ хэкужьыр. Адэ хэкужьыр зыхуейр Зэрыгъуэтыжмэщ и лъэпкъыр. Адыгэ, умынэщхъей — Ущхьэщыхьакъым уэ нэпкъым. Дэ дохъумэж ди нэмыс, Дэ дохъумэжыр ди хабзэ. Щыхъуну хэти гунэс ЕщIыф унафэ лъэпкъ Хасэм, Узыншэщ ди Къэбэрдейр, Ди Адыгейри Шэрджэсри. Тхьэм къытщыхуакъым и ней — Зэ…

Читать далее