Гулъытэ ягъэгъуэтын
Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшидрэ республикэм гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Хачиров Кемалрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIащ. Ахэр тепсэлъыхьащ ди хэгъуэгум и социальнэ политикэм ехьэлIа упщIэ нэхъыщхьэхэм. КъаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэным, цIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыIэрагъэхьэр егъэфIэкIуэным яхьэлIа упщIэхэр. Темрезов Рэшид къызэрыхигъэщамкIэ, нэхъыщхьэхэм ящыщщ — УФ-м и Президент Путин Владимир…