
Зи фIыщIэр мыкIуэдыжын
Хэку зауэшхуэм хэта зауэлIхэм къалэхэм, къуажэхэм фэеплъхэр щыхуагъэуващ. Абыхэм ящыщщ ди къуажэм иIэ Iуащхьэм 1996 гъэм щаухуа мывэ сыныр. СэркIэ ар лъапIэщ икIи гур зыгъэузщ. Мывэ сыным нэщхъей дыдэу сэлэт лIыхъужьыр бгъэдэтщ. Iуащхьэм сыдэплъеймэ, си гур хохъуэ икIи сропагэ, сыту жыпIэмэ нобэрей ди гъащIэ мамырыр къытхуэзылъэщахэм я фэеплъщ ар, мывэ сыным тет цIэ лъапIэхэм яхэтщ…