Зи фIыщIэр мыкIуэдыжын

Хэку зауэшхуэм хэта зауэлIхэм къалэхэм, къуажэхэм фэеплъхэр щыхуагъэуващ. Абыхэм ящыщщ ди къуажэм иIэ Iуащхьэм 1996 гъэм щаухуа мывэ сыныр.  СэркIэ ар лъапIэщ икIи гур зыгъэузщ. Мывэ сыным нэщхъей дыдэу сэлэт лIыхъужьыр бгъэдэтщ. Iуащхьэм сыдэплъеймэ, си гур хохъуэ икIи сропагэ, сыту жыпIэмэ нобэрей ди гъащIэ мамырыр къытхуэзылъэщахэм я фэеплъщ ар, мывэ сыным тет цIэ лъапIэхэм яхэтщ…

Читать далее

Ахъшэри тхыдэм и щыхьэтщ

Черкесск къалэм дэт Сурэт галереем «История Победы» гъэлъэгъуэныгъэр утыку кърахьащ. Сурэтгъэлъэгъуэныгъэр къызэгъэпэщыныр Урысейм и Банкым и жэрдэмщ, ТекIуэныгъэ Иныр гъэлъэпIэным хуищI хэлъхьэныгъэщ. Галереем и хьэщIэхэм мы Iуэхугъуэм ипкъ иту Iэмал яIащ Хэку зауэшхуэм и къэхъукъащIэ купщIафIэхэм, лIыхъужьхэм ятеухуауэ къыдагъэкIа фэеплъ гъущI ахъшэхэм щыгъуазэ зыхуащIыныр. Апхуэдэу, зауэм лIыхъужьыгъэ щызезыхьахэмрэ ТекIуэныгъэр къэзылъэща совет цIыхухэмрэ яшэча куэд гъущI…

Читать далее

Уи лIыгъэр си дамэщ! Къэбгъэна жыг лъабжьэм срикъудамэщ

«Уи махуэ фIыуэ, си дадэшхуэ! Мис, ноби сыкъыпхуэкIуащ услъагъуну, сигу укъэкIати. МахуитI хъуауэ дызэрылъэгъуакъым уэрэ сэрэ. Къысхуэгъэгъу,  сыхущIыхьакъым. Сэ нобэ хъыбар Iэджи къыпхуэсхьащ, адыгэ ныпым и махуэр дгъэлъэпIащ, къэхутакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм сыхэтащ, иджы ТекIуэныгъэм и Махуэм зыхудогъэхьэзыр. Дадэ! Сэ къысщохъу щIыхь пхъэбгъум тет уи сурэтыр сыт щыгъуи къыскIэлъыплъу, сыщопсалъэкIэ зыхэпщIэу. УэркIэ согушхуэ, щхьэщэ пхузощI….

Читать далее

ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм — ЩIыхь!

Къынос накъыгъэм (майм) и 9-р — ТекIуэныгъэшхуэм и Махуэр. Илъэс 80-м зэрынэхьэсащ Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ. Тщыгъупщэкъым а ТекIуэныгъэм цIыху мелуан бжыгъэм я гъащIэр уасэу зэрыщIатар. Сэ зауэр сымылъэгъуами, мыкIыжын уIэгъэу си гум къытенащ абы теухуауэ си адэшхуэ КIэдэкIуей Мырзэбэч къызжиIэжахэр. СощIэж нобэ хуэдэу: сурэт зыдэлъ альбомыр къищтэти дадэ къэтIыст. Дэри, абы…

Читать далее

Зэщхьэгъусэхэр — Хэку зауэшхуэм

Илъэс куэд щIауэ Хэку зауэшхуэм хэта ди хэкуэгъухэм я гъащIэм щыщ Iыхьэхэм нэIуасэ захудощI. ЛIыгъэкIэ гъэнщIауэ щытащ абыхэм я зауэ гъуэгуанэр. КIэи-пэи зимыIэт а илъэс бжыгъэхэр. Къапщтэмэ, ипэм щыщIэдзауэ Совет Союзым къытепсыха гущIэгъуншэ зауэм хэта псори лIыхъужьт. Сыту жыпIэмэ, цIыхум нэхъ лъапIэу иIэр и гъащIэрати, ари и къэралым щхьэузыхь хуищIт. Тхьэм ирещIи, ди хэгъуэгум щыщу…

Читать далее

Щхьэмыгъазэр насыпыфIэщ

Хэку зауэшхуэм хэта, ТекIуэныгъэр къэзылъэща мымащIэ ди республикэм икIри, фронтым Iухьащ. Апхуэдэ лIыхъужьхэм языхэзщ АйкIэпщ Исуф Исмэхьил и къуэри. Ар зауэм и япэ махуэхэм щыщIэдзауэ фронтым къыщыхута зауэлIхэм ящыщ хъуащ. Губзыгъагъэрэ акъыл жанрэ зыбгъэдэлъ щIалэр 145-нэ фочауэ бригадэм хыхьэ хэха артиллерийскэ дивизием и е 1-нэ батареем щыIэ тIасхъэщIэх къудамэм и командиру щытащ. Зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм,…

Читать далее

Ди щхьэхэр яхуэдывгъэгъэщхъ

КъЧР-м цIыхухэм социальнэ хуэIухуэщIэхэр ягъэгъуэтынымкIэ республикэ Купсэм Iуэхугъуэ куэд дыдэ иригъэкIуэкIащ дызыхуэкIуэ, ТекIуэныгъэ Иным и Махуэм и щIыхькIэ. Абыхэм пищэкIэрэ, накъыгъэм и 5-м иджыри зы зэхишащ. Купсэм и нэIэм щIэтхэр хуабжьу хуэжыджэру пыкъуэкIащ мы Iуэхум икIи гъуазджэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ Иванченкохэ Алексейрэ Людмилэрэ я нэIэм щIэту зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ гъуэзэджэ ягъэхьэзырри утыку кърахьащ. Уэрэдхэр, усэхэр, къафэхэр —…

Читать далее

ГъащIэ псокIэ зыпэплъа

И адэ красноармейцыр, лейтенант ТЕМЫРДАЩ Абдулыхь  Хэку зауэшхуэм зэрыхэкIуадэрэ илъэс 82-рэ текIыжауэ, абы иужьрей увыIэпIэ хуэхъуа къуэшыкхъэм, Краснодар крайм и Крымск районым хыхьэ Киевскэ жылагъуэм щыIэм, хьэгъундыкъуейдэс Темырдащ Мухьэмэд кIуащ… ЖыпIэнурамэ, ныбжьыфIым нэса нэхъыжьыфIым и закъуэкъым а къуэшыкхъэм екIуэлIар. Мухьэмэд щIыгъуащ и щIалитIыр: Зауррэ Зурабрэ, абыхэм я ныбжьэгъухэр, ди газетым и лэжьакIуэр. Иужьрейхэр а зекIуэм…

Читать далее

Лъэужь дахэкIэ къыхэнащ

ТекIуэныгъэшхуэм и Илъэс 80-м хуэкIуэу газетым тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд къытохуэ. Сэ IэщIагъэкIэ сыегъэджакIуэщи, ахэр хуабжьу къысщхьопэ. Сэри фыщызгъэгъуэзэну сыхуейщ си адэ-анэм ТекIуэныгъэшхуэм я гуащIэ зэрыхалъхьам. Сэ лъэпкъкIэ Къэбэрдейм сащыщщ, 1970 гъэ лъандэрэ Черкесск къалэр псэупIэ схуэхъуащ усакIуэ Дыгъужь Къурмэн щхьэгъусэ сыхуэхъури. Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Старэ-Шэрэдж къуажэдэс нэхъыжьхэми куэдрэ жаIэж унафэщI Iумахуэу яIа Тхьэзэплъ Мысэд и цIэр….

Читать далее

Аращ ар зыхуэпсэуар

Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ТекIуэныгъэ Иныр къэгъэгъунэгъуным хуэлэжьащ тылым псэемыблэжу Iутахэр. Апхуэдэ зы нэрыбгэщ республикэми адэжкIи къыщацIыхуу щыта, ноби-ныжэби зи цIэр цIыхубэм я бзэгупэм телъ, Хьэбэз къуажэм дэса АРЭШЫКЪУЭ Къанщауэ Мыр-зэбэч и къуэр. Езыр зауэ дыдэм Iумытами, и къуажэгъухэр, цIыхубэр ТекIуэныгъэм хуишэным, фIэщхъуныгъэ быдэр ядиIыгъыным хьэрэмыгъэншэу пылъащ ар икIи къехъулIащ. Абы и щыхьэтщ къэралым къыхуигъэфэща щIыхьыцIэхэмрэ…

Читать далее