Адыгэ Республикэ — хэгъуэгум уезышалIэ лъагъуэхэр
Нэрылъагъущ иужьрей илъэсхэм Адыгэ Республикэм щIэгъэхуэбжьауэ туризмэм зэрызыщиужьыр, зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэм гъэ къэскIи зэрыхэхъуэр. Зэры-Урысейуэ цIэрыIуэ щыхъуа «Адыгэ кхъуейм» и фестивалым мы гъэм зэхуишэсащ цIыху мин 50-м нэс. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм къанэмыщIауэ, республикэм нэгузыужь щIыпIэу иIэр куэдыкIейщ, узэплъынымрэ бгъэщIэгъуэнымрэ бжыгъэншэщ. АдэкIи республикэм туризмэр нэхъри зэрыщрагъэфIэкIуэн проект щэджащэхэр яубзыхуагъэххэщ: илъэс псом зэпымыууэ лэжьэну «Лагонаки» бгылъэрыжэ экокурортыр ухуэныр,…