ЛъэпкъитIым ялъ щыпщIэткIэ
Мы тхыгъэмкIэ гулъытэ хуэтщIыну дыхуейщ адыгэ лъэпкъым къытхэкIа творческэ цIыху къызэрымыкIуэхэм ящыщ, бард уэрэджыIэ, ауаныщI, усакIуэ ЩАУЭ Тимур СулътIан и къуэм. Тхьэмахуэ кIуам артистым игъэлъэпIащ илъэс 60 зэрырикъуар. Ищхьэ щIэныгъэ куу зиIэхэм захибжэну фӀэмыфӀми, Тимур хужыпIэ хъунущ гъуазджэм сыт щыгъуи щIэщыгъуэнэкIэ бгъэдэту. Абы имыджаIауэ аракъым. АтӀэ, музыкальнэ училищэм практикэ щыIэу, макъамэм и щэхухэм захигъэгъуэзащ, итIанэ…