ЦIыхупсэм дэщIауэ
Мы дунейм IэщIагъэ зэхуэмыдэу тетыр я мыхьэнэкIэ зэбгъапщэмэ, медицинэм пэплъыт хъун къыхэкIынукъым. Хэт сыт жимыIэми, псом нэхърэ нэхъ лъапIэ дыдэщ ди Iэпкълъэпкъым дагъуэ темылъу, дылъэжану гъащIэ кIыхь къэдгъэщIэныр, ди узыншагъэм дыхуэсакъыныр, абы ену гулъытэ хуэтщIыныр… Ди гур къыхэузыкIамэ, е лъыр щхьэм дэуеямэ, дызэресауэ, япэу зызыхуэдгъазэр дэIэпыкъуэгъу псынщIэращ. Абы щылажьэ фельдшерыр медицинэм и лэжьакIуэ къудейкъым, атIэ,…