ЩIэблэмкIэ щапхъэщ
ЗауэлIыр тылми щызауэлIщ. Апхуэдэу урегъэгупсыс мызыгъуэгум ди псэлъэгъу хъуам и гупсысэхэм ущIэдэIуа нэужь. НэIуасэ фыхудощI — СВО-р къызэрежьэрэ хэта, къыщыхэкIыжами, Iуэхуншэ мыхъу, хэкупсагъэм, IэпкълъэпкъкIи, акъылкIи щIэблэм зиузэщIыным, зипсыхьыным зи гуащIэ хуэзыгъэтIылъ ЧАПУРА Виталий. Абы УФ-м и Гъунапкъэ-хъумэ дзэхэм и военнэ къулыкъур щрихьэкIа нэужь, адэкIи пищащ зауэлI гъащIэмрэ къулыкъумрэ. 1997-2007 гъэхэм КъЧР-м и МВД-м оперуполномоченнэу щылэжьащ,…