ЕхъулIэныгъэхэр къапщытэж
Ди къэралым и Президент Путин Владимир и пщэрылъкIэ Москва къалэм щызэхаша «Россия» Лъэпкъыбэ гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым ипкъ иту ирагъэкIуэкIа хэгъуэгухэм я махуэхэр къапщытэжащ. Ипэ дищу жытIэнщи, мы гъэлъэгъуэныгъэм и фIыгъэкIэ Урысейм и хэгъуэгу 89-м къэралым и къалащхьэм дэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ щагъэгъуэзащ щэнхабзэ, лъэпкъ хабзэ, турист лъэкIыныгъэ я лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэрэ беягъыу ябгъэдэлъым.«Шэч хэмылъу, промышленностымкIи, щIэныгъэмкIи, щэнхабзэмкIи, спортымкIи дызригушхуэн ди…