«Зи бзэ зэзымыпэсыжым и IэкIэ и лъэпкъым и псэр хехыж…»
Адыгэр лъэпкъ гъуазджэм псэкIэ пэгъунэгъу зыщIыф, ар фIыуэ езыгъэлъагъуф цIыху псэлъэгъу къэпщIыныр IуэхуфIщ, ауэ тыншкъым. Мы тхыгъэр зытедухуа щIалэри творчествэм еплъыкIэ хэха хуиIэу бгъэдыхьэхэм ящыщщи, ар зыгъэпIейтеймрэ зыгъэгушхуэмрэ къептхэкIыну ухуежьэмэ, зы напэкIуэцIкъым ихьынур… Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и унафэщI IэнатIэ пщэрылъхэр зыгъэзащIэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и Iуэхузехьэ, «Кавказфильм» киностудием…