Хэхыныгъэм теухуауэ хъыбарегъащІэ Іэмалхэм я журналистхэм
Мы гъэм гъатхэпэм и 15-17 махуэхэм Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэр екІуэкІынущ. КъЧР-р федеральнэ мыхьэнэ зиІэ Іуэхушхуэм зэрыхуэхьэзырым теухуауэ щытащ мазаем и 15-мКъЧР-м и Избиркомым и пашэ Абазалиевэ Ларисэ цІыхубэ хъыбарегъащІэ Іэмалхэм я журналистхэм ядригъэкІуэкІа зэІущІэр.— Сыт щыгъуи лажьэ УИК 249-рэ къызэдгъэпэщащ, пІалъэкІэ лэжьэнущ участки 3. Ахэр къыщызэІутхынущ сымаджэщым, Архъыз курортым и «Романтик»-м, СИЗО-м. Участкэ…