ЖыгыщIэхэр мэбагъуэ
«Фэеплъ жыг хадэ» акцэр ди къэралым щрагъэкIуэкI Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ Илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ. Мы Iуэху дахэм и фIыгъэкIэ лIыхъужьхэм папщIэ къэкIыгъэ фэеплъхэр къоунэху, мэзхэри нэхъыбэ мэхъу. Акцэр 2020 гъэм ирагъэжьащ. Абы лъандэрэ, илъэс къэс фэеплъ «удзыфэхэр» Урысейм и щIыналъэхэм щыхасэ.Апхуэдэ жыгыщIэхэр щагъэтIысащ Дыгъужь Къурмэн и цIэр зезыхьэ Хъумэрэ курыт еджапIэм и…